Еуаз Зубер "Адыгэ пшыналъэхэр"
"Псыпэр зыдэк1уэм псык1эр ирожэ" - жи Адыгэ псалъэжьым. Мы псалъэжьыр щапхъэу къыщ1эсхьамэ щхьэусыгъуэ и1эщ.
Илъэс куэд ипэк1э Союз композиторым къок1уэ Адыгэ ц1ыхубз дахэшхуэ, щ1алэ ц1ык1у игъусэу. Щ1алэ ц1ык1ум и нит1ыр апхуэдизк1э дахэт, къабзэти, - укъигъащтэжт.
Абдеж щыщ1идзэри а щ1алэ ц1ык1ум си нэ1э тетурэ бэлигъ хъуащ; сабиигъуэм, дахагъэм дихьэхар нобэ Адыгэ ц1ыху щыпкъэ, гъэса, дахагъэ зыбгъэдэлъ л1ы хъуащ. Ар Еуаз Зуберщ.
Зубер скрипкэ еуэу щытами, адыгэ шык1эпшынэм зыритыжри, езыри шык1эпшынауэ, 1эпэпшынауэ 1эзэ хъуащ. Абы къинэмыщ1уи езым шык1эпшынэ дахэ, макъ жьгъыру зи1э куэд ищ1ащ. Иджы езым сабийхэр егъасэ. Зубер шык1эпшынауэ 1эзэ къудейкъым, ат1э адыгэ тхыдэр ф1ыуэ зыщ1э, адыгэ фольклорым елэжь щ1эныгъэл1щ.
Псом хуэмыдэу гуы лъытапхъэщ Зубер и бгъэдыхьэк1эр. Зубер фольклорым къыхих къудейкъым, ат1э езым хелъхьэ. Абы и щыхьэтщ иджыблагъэ Зубер къыдигъэк1а дискыр. Мыбы зэк1эщ1эгуауэ куэди иткъым, ауэ итыр телъыджэу гъэщ1эрэщ1а хъуащ.
Ди жагъуэ зэрыхъуынщи, адыгэ уэрэдыжьхэм псоми зы дерс я1эщ: к1ыхьы1уэщ, едзыгъуэ псоми я макъамэр зык1и зимыхъуэжу мак1уэ дакъикъитху-ик1э. Ауэ ар апхуэдэу зэрыщымытам С. И. Танеевым гуы лъитауэ щытащ. Адыгэм къылъыса щ1апхъэджагъэм иужьк1э уэрэди къыпхуэмынэнк1и хъуынут, ауэ нобэ къэса ди пшыналъэхэмрэ уэрэдыжьхэмрэ хъума щ1эхъур Еуаз Зубер хуэдэщ.
Мы дискыр зы1эрыхьэ дэтхэнэми гунэс ящыхъун сигугъэщ. "Т1отрэш и бжыпэ дыкъуакъуэ" - уэрэдыжьыр сэр дыдэм сымыщ1эу къыщ1эк1ащ. Мыбы ихуа дэтхэнэ пшыналъэми Зубер бгъэдыхьэк1э къыхуигъуэтыфащ. Псори езы Зубер аранжировкэ ищ1ыжащ, абы дэ1эпыкъуэгъу къыхуэхъуащ пшынауэ 1эзэ Лакъун Толэ, бжьамияпщэ телъыджэ Увыж Анзор.
Мыпхуэдэ щ1алэ щыпкъэхэр щыди1эк1э сэри гугъэ сощ1 адыгэм ди тхыдэри, ди уэрэдхэри, къафэхэри мык1уэду ипэк1э дыбакъуэну, псоми хуэмыдэу Еуаз Зубер и зэф1эк1ым нъэхъри зиубгъуурэ к1уэну согугъэ!
Аддэ пасэу си дей къаша щ1алэ ц1ык1ум итхыу щыта макъамэхэмрэ усэхэмрэ ядза къуэпсым зиубгъуурэ жыг щ1эращ1эм хуэдэу хъуащ, а щ1алэ ц1ык1ум и 1эрык1хэр. Аращ "Псыпэр зыдэк1уэм псык1эр ирожэ" - жыхуа1эри.
Композитор Хьэ1упэ Джэбрэ1ил.