|
Абрэмывэ вагъэгъэк1уэдщ. Адакъэрэ пэт джэджьейр егъашхэ. Адыгэр уэщщ, урысыр пхъэхщ. Адыгэшрэ л1ы бэшэчрэ. Алыхьыр ещ1э, ящ11амэ ешх. (Мылажьэу шхэм ауанынщ1у хужа1э) Апрелым и бгъум гуахъуэр пк1эм драдзеиж. Апрелым и блым 1эмбатибл хуэгъэт1ылъ. Апрелыр мэлыжьыхьщ. Аргъынэ к1ыхьыр и жагъуэщ, шынакъ к1ы гъуанэр и щ1асэщ. Аргъуейм, пхъэ1эщэм щ1эщ1а вы тести, «довэ» жи1ащ. Армум хиса жыгыр мэгъу. Армур мэз к1уэмэ, арэфым жьит1 гуэту къешэ. Банэ нэхърэ бэв. Ба1уэ нэхърэ бащ1э. (Куэд жызы1э нэхърэ куэд зылэжь, жыхуи1ащ) Бэр зэщ1эхъаемэ, щ1ыр къагъэхъей. Бжьэ зыдэсым фо дещ1э. Бжьыхьэ бейщ. Бзурэ пэт абгъуэ ещ1. Былымыр ик1и хъугъуейщ, ик1и хъумэгъуейщ. (Х ъ у г ъ у е й щ – къэгъуэтыгъуейщ) Вы зимы1эм шк1э щ1ещ1э. Выгъашхэрэ пэт пхъэ къешэ. Выгъашхэри зобзеиж. (Зы 1уэху гуэр зымыщ1апхъэ щы1экъым, жыхуи1эщ)
Выжь и махуапщ1э выщ1э и уасэщ. Выр жьы хъумэ, шк1эм хаут1ыпщхьэж. Гуащэтешэрэ пэт унэ епхъэнк1. Гуэн нэщ1 нэхърэ хадэ нэщ1. Гуэн нэщ1 Щы1эщи, хадэ нэ1 щы1экъым. Гуэн щхьэк1э, нэщ1щ, жьыщ1а щхьэк1э, ф1ейщ. Гур щыкъутэм щащ1ыж. Гъатхэ дыгъэм к1агъуэпск1э уегъэпск1ри, бжьыхьэ дыгъэм тхъупс къыптрек1э. Гъатхэ уафэр гъуанэщ. Гъатхэ унэ гъуанэщ. Гъэ мэкъумэш пэтрэ яух. Гъэм и зы махуэм щ1ымахуэм уегъашхэ. Гъэмахуэм гупк1э жьауэри унэщ. Гъэмахуэм къыумылэжьа щ1ымахуэм бгъуэтыжыркъым. Гъэмахуэм 1эжьэ щ1ыи, щ1ымахуэм гу щ1ы. Гъэф1ым умыгъуэта гъейм бгъуэтыжыркъым. Гъей нэхърэ пщей. Гъуагъуэми гъущэу. (Мэкъумэш къехьэл1эжыгъуэу уэшх щыхуэмей зэманым жа1э) Дыгъэр къепс щхьэк1э, лъыпсыр къыпож. Дыжэф пц1анэ хъуркъым. Дыщэр и 1эм къыпощ. Дзыгъуэ пэтрэ щ1ымахуэм хуогъэт1ылъэ. Дзыгъуибгъу зэде1эмэ, кхъуей к1адащхьэ трач. Емызэш мэшыбэ ещ1э. Емыкъум еплъи, дэзышым еуэ. Емыса лэгъупэжь хъуркъым. Жэм къэщэхуи, вы щэхун хэк1ыж. (Ар лъхуэнщи, вы хъун къилъунщ, жыхуа1эщ) Жэмым ишх и гъэшщ. Жыхафэр щхьэцык1эк1э епхъэнк1. (Зи псэ емыблэжу унагъуэм 1уэху щызыщ1э нысэм хужа1э) Жэщырыдэ махуэрыдыхьэшх. (1уэхур щымычэзум зылэжьым ауаныщ1у хужа1э.) Жылэр зыгъатхэр шхын щхьэк1э мал1э. Зэдэпщ1э щ1эхщи, зэдэшхэ 1эф1щ. Зэбгъащ1эр 1эщ1агъэщи, умыщ1эр 1эф1щ. Зэхэшэ шэбэщ. Зэхьэзэхуэ мэунэри, зэижит1 мэунэхъу. Зэшыбэ бэхьщ. (Зэкъуэш куэдым куэд къалэжь, жыхуи1эщ.) Зэкъуэш куэдмдс куэд къллэжь, Зэ1эм 1эмэ щоу. Зэ1усэм псэ хелъхьэ. Зек1уэ и вакъэ лажьэркъым. (Жэрдэм зыщ1эм, лажьэм зыгуэр къелэжь, жихуи1эщ.) Зи бэ пщ1эм ури1эзэщ. Зы гъэм шк1эщ, ет1уанэм жэмщ. Зы гъэр т1эу къак1уэркъым. Зы махуавэр зы махуэшхкъым. Зы тхьэрыкъуэф 1энэ зэдытешхык1ащ. (Губгъум зэдитащ, щызэдэлэжьащ, жыху1эщ.) Зыбзым пабжьэм хедзэри зыдым къыхехыж. Зыгъал1и къак1уэ жа1акъым. (Щычэзум лажьэ, щычэзум зыгъэпсэху, жыхуи1эщ.) Зымышхыжын и мэкъумэш щ1эк1эщ. Зымыщтэм щ1ак1э и 1усщ. Зыщ1 нэхърэ еплъ нэхъ 1эзэщ. И гуащ1э хьэп1ац1эм яхуехъумэ. (Гугъу зезмыгъэхьым ирегиеу хужа1э.) И хъер мащ1эщ, и гумэщ1 бэщ. (Хъер мащ1э ф1эк1 къызыпымык1ыу гуащ1э куэд зытек1уадэ 1уэхум хужауэ.) Илъэс 1уэху къэщтэжыгъуейщ. Къэк1уэгъуаф1э к1уэжыгъуаф1эщ. (Гугъуехъыншу къыпхэхъуар к1уэдыжыгъуаф1эщ, жыхуи1эщ.) Къэк1уэгъуэ джадэ нэхърэ к1уэжыгъуэ джадэ. Къэт к1ыхь, къэхь мащ1э. Къебыбажьэ нэхърэ къежьэуашхэ. (Къебыбажьэ – къелъэтажьэ. Уэшхыр псынщ1эу къежьу зэуэ щхьэщык1 нэхърэ, щ1ым пкърыхьэу хуэм-хуэмурэ къешхмэ, нэхъыф1щ, жыхуи1эщ) К1ыщ уэщыншэщ. Лэжьэнк1э уашхэщ, шхэнк1э дыгъужьщ. Л1ы и къуэгъурэ вы и гъуррэ. Л1ым я нэхъ мыгъуэм 1уэхугъуибгъу зэпеч. Мастэ бейщ. Мастэк1э 1эшэщ, шатэк1э бзаджэщ. Мэкъу еуэм зегъазэри кхъуей зыхузыр тхьэмыщк1эщ. (Нэхъ 1уэху тыншыр нэхъ гугъуехьу зылъытэм ауаныщ1у хужа1э) Мэкъуауэгъуэ щ1алэ дэгущ. Мэкъуауэгъуэжьым гум жьы дрегъэху. Мыбзэф и лэныстэ мэбзакъуэ. Мыдэф и 1уданэ к1ыхьщ. Мыхьэжэф и щхьэлыкъуэк1 Къопк1. (Щхьэлыкъуэк1 – 1э щхьэл мывэр зэрагъэк1эрахъуэ къущ.) Мыщхьэх дахащ1эщ. Набдзэ ищ1 Ф1эщ1урэ нэр ирищ1ащ. Нанэ хьэл1амащ1эщ, дадэ к1эрыщ1энщ. Насыпыр пщэдджыжьым ягуэш. (Жьыуэ укъэтэджу уи 1уэху яужь уихьэн хуе1щ, жыхуи1эщ.) Нэ илъагъу нэ ещ1эж. Нэм ф1эбэр 1эбэм еух. Нэр делэщ, 1эр бланэщ. Нэры1эзэ 1эпэзадэ. Ныкъуэц1алэ-ныкъуэтхьэщ1. (Ик1эм намыгъэса 1уэхум хужа1э) Нысэшхуэ и мастэу егъэбакъуэ. Псэук1эмыщ1э — уэкъулэ щ1рейщ. Псэуным лъакъуибгъу щ1этщ. Пхъэ1эщэ вийм зэдащтэмэ, щтытулъ къагъазэ. Пщэдеи махуэщ, къэунэхури мазэщ. (Щхьэхынэм и зэман гъэк1уэк1эщ. Ауаныщ1у къапсэлъ) Пы1эзэф1эхь махуэщ. (1уэху щ1эным гуащ1агъуэщ, жыхуи1эщ.) П1астэгъажьэ зиужьыжащ. (Зи 1уэху щ1эк1эм зиужьам хужа1э.) Сэтэнейр къэщхьэлъэмэ, гъунэ иумылъыж. «Си хьэ ц1ыху хъуащэрэт1» — щыжа1э махуэщ. (Лэжьэгъуэм и гуащ1эгъуэ махуэм хужауэ.) Си хьэщ1э нэхърэ си щ1эн. (Хьэщ1эм сехьэулеил1э нэхърэ, си 1уэху згъэщ1эмэ, нэхъыф1щ, жыхуи1эщ.) Тэнымрэ дэнымрэ зэхуэдэщ. (Утэми ухэдэми – т1ум щыгъуэми ущыуэнк1э хъунущ, жыхуи1эщ.) Уэгъум ихьар уэлбанэм къехьыжри, уэлбанэм ихьар уэгъум къихьыжыркъым Уэлбанэ махуэр щ1эпытхъщ, фызым я тхъэгъуэр къэбгъавэщ. Уэсэпс хуабэ мэп1гъэк1щ. Уэф1рэ уэлбанэрэ я хьэкъ зэтенэркъым. Удэмэ — 1уданэ, убзэмэ — бзыхьэхуэ. Удз къыхэш — уэтэр шэж. Уеплъу ущыс нэхърэ, уисми, е1уб. Уеуэмэ — мэкъущ, уемыуэмэ — къурэщ. Узэгугъур къогугъуж. Улажьэмэ, лыжь пшхынщ, умылажьэмэ, лажьэ бгъуэтынщ. Улажьэу ушхэжын нэхъыф1 щы1экъым. Хамэ1эр 1эгьэзагьэ щхьэк1э, гугъэзагъэкъым. Хамэ1э 1эгъэпсэху щхьэк1э, гу гъэпсэхукъым. «Хэт бей?» щыжа1эм «мастэ бейщ» жа1ащ. Хыумылъхьэ къыхэпхыжыркъым. (Щ1ым тепсэмэ, къытохыж, жыхуи1эщ.) Хуэмыху и 1уэху блэк1ыркъым. Хьэмтетыгъуэ гъаблэ щы1экъым. Хьэрычэтым берычэт хэлъщ. Шэмыгъапц1э жэщщ. Шылэм и к1эм зеук1ыж. Щак1уэр зэ1узэбзмэ, бажэбз къехь. Щхьэхынэр тэджмэ, псыбафэр куэд мэхъу. Щынащхьэ плъагъумэ — гъэмахуэщи, 1этащхьэ плъагъумэ — щ1ымахуэщ. Щ1ым зы ептмэ, щэ къуетыж. Шу гъуэгурык1уэм бзыпхъэ трех. Щ1ыр вакъапхъэ-вакъапхъэу зэхэлъщ. Щ1ыр к1ийуэрэ къок1уэ, гъэр гъыуэрэ мэк1уэж. Щ1ыщ1э мэш бэвщ. «Яхуэмышхын сщ1ынщй», — жи1эри ямы шхыфын ищ1ащ. 1эмбатищэ нэхърэ зы гъущагъэ. 1этэр 1эмбатэ щхьэк1э мэфыж. 1эхъуэгъуэтегъэк1. (Зэмыгугъуу ящ1э 1уэхум хужа1э.) 1эщ1агъэ зи1э 1эужь и1эщ. 1уэху зи 1уэху 1уэху 1уощ1эри, шхын зи 1уэху шхын 1уощ1э. 1уэху мыублэ блэ хэсщ. 1уэху пщ1ыр 1уэху мэхъу. 1уэху щ1эк1э зымьпц1эр 1уэху щ1эным егьалтэ. 1уэхум игъэл1а щы1экъым. 1уэхур жы1эгъуаф1э щхьэк1э, щ1эгъуаф1экъым.
|