|
Атэкъынэр зи вакъэпс, къэсыр зытеухь. (Атэкъынэ – гуэншэрыкъ лъэпс.) Бацэжь и щ1агъ л1ыхъужь къыщ1ок1. Бацэр и бэщ, бзур и бынщ. (Тхьэмыщк1эщ, бын и куэдщ, жыхуи1эщ.) Бацэхэплъ нэплъэжыгъуэ егъуэт. Бгъэр бгъэк1э ягъасэ, былымыр былымк1э къагъуэт. Бей жей езэгъыркъым. Бейм и хьэ удз ехъу. Бейм я гугъу ящ1урэ тхьэмыщк1эм я уэздыгъэ мэс. Бжэн щ1акъуэ тегушхуэгъуаф1эщ. Бжьыхьэпэ уэф1рэ пщы 1упэф1эгъурэ. (Т1уми дзыхь яхуэпщ1 хъунукъым, жыхуи1эщ.) Бзу кхъуей ф1эк1а ямы1э щы1экъым Бзум худрапхъей и унэ щ1элъкъым. Вырэ ц1эрэ зэпокъу. Гуащэр хутыкъуэмэ, къаз деху. Данэр лъапэк1э зэрехуэ. (Зэщыхуэпык1ауэ къэзык1ухъ ц1ыхубзым хужа1эу щытащ.)
Делэр бейм я гуэшэгъущ. (Бейм здигъэгуэшэну щогугъу, жыхуи1эщ.) Дунейр и жэнэтщ. (Тхьэуэ мэпсэу, жыхуи1эщ.) Дунейр и хьэдрыхэщ. Дыщ мэжаджэ 1эф1щ. Дыщэм хэс нэхърэ л1ыжь зыбгъэдэс. Джатэрыпщ нэхърэ пщы 1ущабэ. Жылэм я мыгъуэ я гъуощ. Жьы къыщ1эпщэркъым, псы къыщ1эуэркъым. Жьыр и гупэу мэпсэу. (Гугъуехьым пэщ1эту мэпсэу, жихуи1эщ.) Зэрабзыр и1э щхьэк1э, кърабзэ и1экъым. Зэрыгъэпщыркъым, зэрыгъатхъэркъым. (Л1ыф1ыгъэ зэпэзыубыдаит1ым хужа1э.) Зэхуэдит1 зэдзейщ. Зеиншэ П1эгъуаф1эщ. Зи вакъэ зэврэ зи гъавэ мащ1эрэ. Зи деур мащ1эм и духьэр к1эщ1щ. Зи 1эгу нэщ1ым и нэгу щ1ы1эщ. Зимы1эм бдзы к1ыхьри бдзы к1эщ1ри хуохъу. Зимы1эххэ къызэщэри зил къыщ1эщ къызэтэщ. Зипщ пэмылъэщ и фыз и табыщэгъущ. (И фызым йонык1уэк1у, йозауэ, жыхуи1эщ.) Зы выр шхэмэ, зы выр мэгурым. Зы л1ыр джэдыгуибгъурэ л1ибгъур джэдыгуннгэу. Зы хьэнэф зы хьэнэф и пщыжщ. Зылъэмык1 1эфрак1э и 1ыхьэщ. Зым и махуэ зым и мыгъуэщ. Зыхуащ1э нэхърэ зыщ1эф. Зыхуэхъур быхъуу мэт1ыс. И дунейр дэгъэзеигъуэу ехь. (Гугъу ехьу мэпсэу, жыхуи1эщ.) И дзыгъуэ лъынэ къок1. (Хуэщ1ауэ, тхъэуэ мэпсо, жыхуи1эщ.) И к1эт1ий и вакъэпсу мэпсэу. И мэлыхъуэ баш пк1эм дридзеижащ. (И мылъкур 1эщ1эк1уэдэжащ, жыхуи1эщ.) И хьэрэ и кхъуэрэ зэрошх. (Гукъеуэнщэу, тхъэуэ мэпсэу, жыхуи1эщ.) И щэ и ныбэ ихуэжыркъым. И щэ къовэ. (Къулейм хужа1э.) Ибэ бэшэчщ. Изрэ ныкъуэрэ зэрыщ1эркъым. Къаным и нэ уезыгъэбор былымщ. Къызыхих ныкъуэ хъуркъым. Къыптек1уэ лъэщщ. Къратыр и 1усщ, есыхыр и маф1эщ. (Зыри зылъэмык1 хьэрычэтыншэм хужа1э.) Къуалэр лы щигъуэтым щохуарзэ, уэркъыжьыр былым щигъуэтым щопсых. К1экъинэ 1эф1щ. Лэгъупыр нэк1э къегъавэ. (Нэсауэ къулейуэ мэпсо, жыхуи1эщ.) Лъэк1амэ, зыкъригъэлъхунтэкъым. (Щхьэхынэ 1ейм хужа1э.) Лъхукъуэл1 нысэ зыгъэзыщ1щ, дыжь джэдыгур зы щ1ымахуэщ. Молэм «жыт1эр фщ1эи, тщ1эр фымыщ1э» жыхуа1эм хуэдэщ. (Мыхъумыщ1э зымыдэпхъэм езым щищ1эм деж ауаныщ1у хужа1э.) Мыгъуэм и к1апсэр бейм егъэлажьэ. Мыгъуэр мыгъуэщ1къым, ищ1ыр тэджыжкъым. Мыунэ-мыунэхъу, жэщ хъумэ пхъэдыгъу. «Нанэ и лы1у, дадэ и 1унэ& жи1эурэ зэригъэу1уащ. (Гугъу дехьурэ ерагъыу зэригъэпэщащ, жыхуи1эщ.) Насып зимы1эм и дзэр хъудырым 1уещ1ык1. Насып зи1эм шы1э и1эщ. Насыпыншэм, махъшэм тесми, хьэ къодзакъэ. Насыпыр щагуэп1ым дурэшым дэсащ. Нэгъуеипщ нэхъей, и закъуэ мэшхэж. Ныбэщ1эубзэ 1уэхутхьэбзащ1эщ. «Пшагъуэр, дыгъужьыр, уэркъыжьыр, ялыхь, сумыгъэлъагъу, — жи1ащ. Пщы зыф1эпщым пщыл1 къыпф1ещ. Пщы зи щыпэлъагъум тхьэ щохъу. Пщым и шхын шындырхъуом къек1эц1. (Дэнэ кърахми къыхуамыгъуэту хъунукъым, жыхуи1эщ.) Пщым и щ1ыб джатэ щагъэдалъэ. Тхьэмыщк1агъэм «сынок1уэ» жи1эркъым. Тхьэмыщк1э динщ1экъущ. Тхьэмыщк1эм и псалъэ т1эу жы1эщ. Тхьэмыщк1эм и фэр 1увщ. (Гугъуехь куэд и фэм док1, ешэч, жыхуи1эщ.) Тхьэмыщк1эм тхьэр хуэлъэщ. Тхьэмыщк1ит1 зэгъусэмэ, бей хуэдэу мэпсэу. Тхьэр тебгащ, бгыр теуащ. Уаерэ пщаерэ куэд як1уркъым. Уэрэдус пщыпсэ1ухщ. Уэркъ хабзэр дэгъэзеигъуэ к1ыхьщ. Уэркъым и жьэ и щ1опщщ, ипщ хуэдэр и джатэщ. Уэсэпс тхьэгъум зегъэшри, гъэш зимы1эр тхьэмыщк1эщ. Удафэр фэм йок1. «Уи адэр шхын щхьэк1э л1ащ» жа1эу щрахъуэным, «Игъуэту л1а?» къажри1ащ. Уи 1эшхылъэ нэбдзыф1эмэ, унэф1 япхъу къуатынщ. Уипщ хьэхуэгъу-щ1ыхуэгъу умыщ1. Ул1эу упсэу нэхърэ, утхъэу урел1э. Урыс тхьэмыщк1э и кхъуэлу зэрегъэзахуэ. Факъырэ пэщмэн. (Тхьэмышк1э пагэм хужа1эу щытащ.) Хабзэр сщ1э щхьэк1э, ирабзэр с1эщ1элъкъым. Хъанхэ я щ1ыб джатэ щагъэдалъэ. Хьэзабыр хьэмбыт1у ешэч. Ц1э бжьакъуэм ф1эсщ. Щхьэ къуийм и лажьэ щхьэ псэум ищ1эркъым. 1эгу нэщ1 1эщ1 джафэщ.
|