Объявления
Лучшие исполнители на CD
Image
Портал "Circassia.Ru & Adigam.com" предостовляет Вам возможность приобрести на нашем сайте номера журнала "ПСЫНЭ" и лучшие альбомы адыгских исполнителей.

Сделать заказ
 
21 мая 1864
Дуней еплъык1э, гупсысэк1э Версия для печати Отправить на E-mail

Абрэмывэрэ пэт зы п1эм илъкъым.

Адакъэр мы1уэк1и нэху щын къанэркъым.

Адэ мылъку бынгъэк1уэдщ.
(И адэм и мылъкум щыгугъыну мылажьэурэ хуэмыху мэхъу, жыхуи1эщ.)

Ажал зимы1э щы1экъым.

Ажал мыхъумэ, 1эзэгъуэ зимы1э щы1экъым.

Ажалыр бжэщхьэ1ум нэхърэ нэхъ благъэщ.

Акъыл былымщ.

Акъыл зи1эм имы1э щы1экъым.

Акъылыр жьыгъэ-щ1агъэкъым.

Акъылыр нэмысщ, былымыр насыпщ.

Анэм и гъуапэр пхъум и джанэщ.

Анэм и хабзэр пхъум и бзыпхъэщ.

Апхуэдэуи мэхъу, нэхъыф1и мэхъуж.

Аслъэныр жьы хъумэ, хьэ1уцыдзыр щодыхьэшх.

Афищэ зытар хьэ матищк1э ящэжащ.

Ахъшэр пшахъуэщи, гъащ1эр пц1ащхъуэщ.
(Пшахъуэр п1эщ1олъэлъ, пц1ащхъуэр п1эщ1олъэт, жихуи1эщ)

Бэр зэкъуэтмэ — тек1уэныгъэщ.

Бэр зэнэц1 нэхърэ бэр зэхъуэхъу.

Бгъэплъыщэмэ, мывэри зэгуоуд.

Бжэн щынэ къилъхуркъым.

Бзаджэ уи пашэмэ, бзаджэ ухуешэ.

Бзум ил и лэпсщ.

Блэбгъэк1ым улъэщ1ыхьэжыркъым.

Блор бэгмэ, и гъуэм ихуэжыркъым.

Былымыр уэсэпсщ, ц1ыхупсэр маещ.

Вындым и шыр ишхыжынумэ, сабэм хекухь.

Выри лъэщ дыдэщ — къаубыдри щ1ащ1э.

Губгъуэ пщ1ащэрэ унэ пшДащэрэ зэтохуэ.

Гугъуехь зымылъэгъуам тыншыгъуэ ищ1эркъым. 

Гугъуехьыр шэчыгъуаф1эщ.
(Умышэчынк1э 1эмал щимы1эк1э, уигу уогъэбфдэри уошэч, жыхуи1эщ.)

Гудзэр теувэгъуэ-теувэгъуэщ.

Гур зыщыплъэм, нэр мэплъакъуэ.

Гур зыхуе1эм 1эр лъо1эс.

Гур мыгъмэ, нэр гъыркъым.

Гурэ гурэ лъагъуэ зэхуа1эщ.

Гурыщхъуэ нэрыщхъуэ ухуешэ. 

Гуф1эгъуэри гу1эгъуэри зэпыщ1ащ.

Гухэхъуэ щ1эщ, гухэщ1 жьыщ.

Гущэ зыхуащ1ым бэни хуащ1ыж.

Гъащ1э зи1эм уахътыи и1эщ.

Гъуамэ ц1ык1у нэхърэ гъуамэшхуэ.

Гъуэгу благъэ жыжьэ нэхърэ гъуэгу жыжьэ благъэ.

Гъуэгу техьэ гъуэгу тенэркъым. 

Гъуэгум и к1ыхьагъым хуэдизи и бгъуагъщ.

Гъущ1 куэбжэ зи1э гъущ1 мастэ щощ1э.

Гъущ1ыпэ пэтрэ мэхъуапсэ.

Дахагъэм дагъуищэ егъэпщк1у.

Дахэу ябз дахэу ядыжыркъым.
(Дахэгъэ псор зым бгъэдэлъкъым, жыхуи1эщ)


«Дунейм сыт нэхъ 1эф1,
сыт нэхъ дахэ,
сыт нэхъ жэр?» — щыжа1эм: «Псэ нэхъ
1эф1щ, гъатхэ нэхъ дахэщ,
гу нэхъ жэрщ», — жа1ащ.

Дунейр гъуэрыгъуэ шэнтщ.

Дунейр чэзущ.

Дунейр шэрхъщи, мэк1эрахъуэ.

Джэд нэхърэ джэдык1э нэхъ 1ущщ.

Джэд щыкъун и пщ1ыхыц.

Джэду здэщымы1эм дзыгъуэ щоятэ.

Джэдум и шырыр ишхыжын хъумэ, «дзыгъуэм ещхьщ» же1э.

Джэдым зэрыф1агъэжыну сэр къеулъэпхъэщ.

Дзор куэдрэ узмэ, 1уач.

Е мыхъу ф1ы хъужыркъым.

Ебгъэлеймэ, къреху.

Емык1ур ек1у мэхъури ек1ур емык1у мэхъу.

Емынэрэ пэт зэрыхьэм зыгуэр къренэ.

Ер вы бжьакъуэм къок1.

Жа1эр къос, ясэр къок1.

Жеймрэ гугъэмрэ адэ щ1эиныф1щ.

Жыг зытеуэри мэгурым, пщ1ащэ зытехуэри мэгурым.

Жыгыжьыр иту, жыгыщ1эр йобэт.

Жылэ лажьэ лажьэ хъуркъым.

Жьэр щхьэм и л1ык1уэщ.

Жьы къемыпщэу къурэ сыскъым.

Жьым къихьыр псым ехьыж.
(Гугъу удэмыхъу къэбгъуэтар  к1уэдыжыгъуаф1эщ, жыхуи1эщ)

Жьыф1 здэщымы1эм щ1эф1и щы1экъым

Зэбий нэхърэ зэбэу.

Зэгуэс нэхърэ зэгуэт.

Зэдэгъуэт нэхърэ зэблэгъуэтык1.
(Зы махуэм псори  уи1э нэхърэ, мащ1эми, махуэ  къэс  зыгуэр  бгъуэтмэ, нэхъыф1щ, жыхуи1эщ)

Зэде1эмэ, бгыри ягъэкуэш.
(Я г ъ э к у э щ – ягъэ1эпхъуэ.)

Зэзри зи хущхъуэ щы1эщ.

Зэхьэзэхуэ мэунэри, зэижит1 мэунэхъу

Зи игъуэр дахэщ.

Зи къуэш мащэ хуэзыт1ыр йохуэж.

Зы акъыл нэхърэ акъылищэ.

Зыгуэр щыжа1эм зыгуэр щыщы1эщ.

Зы гъэм къэк1 удзыр зы вым ихъуркъым, къэхъунукъэщ1энур зы л1ым ищ1эркъым.

Зы къэлэрри къэлэрищэри зэхуэдэщ.
Зы маф1э хъуаск1эм жылэ псор къресёк1.

Зы мэлыфэ т1эу трахыркъым.

Зы хьэ зэбэным хьищэ йобэн.

Зым и гуращэр щэм я гуращэщ.

Зым и хущхъуэ зым и щхъухыц.

Зым и хьэдагъэщ, зым и нысашэщ.

Зым т1ур и дзэщ.

Зым хуэмыф1 хьэдрыхэ ягъак1уэркъым.

Зыр л1а щхьэк1э, зым зил1эжрэ?

Зыхьри мэгугъэ, яхьри мэгугъэ.

Ик1ута из хъужыркъым.

Зыш и хьэтырк1э шищэ псы йофэ.

И адэм и щэн и къуэм къыхохъэ.

И лым хуэдэщ и лэпсри.

Илъэс пл1ыщ1ыр - дыгъужь пл1ыщ1щ,
илъэс хыщ1ыр - хьисэп хыщ1щ,
илъэс пщ1ейр - пэщащэ пщ1ейщ,
илъэсищэр – джэдык1ищэщ.

Куэд зыгъащ1э нэхърэ куэд зылъагъу.

Куэдрэ шэм ухэплъэмэ, лъы холъагъуэ.

Кхъуэр зыщышынэн щымы1эмэ, 1уащхьэм док1уей.

Къандзэгурэ пэт гу егъэуфэрэнк1.

Къашыргъит1 зэрошхри бзу ишхын къыдок1.

Къэбублэр хабзэщ.

Зэманым дек1ур л1ыф1щ.

Къежьэк1ей к1уэдыжык1ейщ.

Къуанщ1эм нэ хуащ1ати «набдзэ» жи1щ.

Къуанщ1эм узыхуиптэр псэхэл1элщ.

 Къупщхьэ къуанптэщи, лы пшэр дахэщ.

К1апсэшхуэм ихьар арэфыпсым къехьыж.

Шыгуугу и ц1э ире1уэж.

Лажьэр къэк1уэгъуаф1э щхьэк1э, к1уэжыгъуейщ.

Лы зышхар лэпс йофэж.

Лыр фымэ, шыгъу траудэ, шыгъур фымэ, сыт иращ1эрэ?
(Мыхъумыщ1ър зымыдэн хуейм езым мыхъумыщ1э  ищ1эмэ,  хужа1э.)

Лъакъуэ зышхыр щхьэ шхыгъуи йохуэ.

Лъэпкъ и зыпкъ к1уэдыркъым.
(Къызыхэк1а  лъэпкъым  зыгуэрк1э емыщхъ щы1экъым , жыхуи1эщ)

Лъы уасэрэ пхъу уасэрэ мылъку хъур къым.

Лlap псэум пащ1ыркъым.

Л1эныгъэр жьыгъэ-щ1агъэкъым.

Л1эныгъэр 1ыхьэ мыгуэшщ.

Л1эужьыр бжьиблк1э мауэ.

Л1ы и махуэрэ шы и махуэрэ зэхуэдэкъым.

Л1ыр лъэпкъщ.

Мазэрэ пэт дыркъуэ и1эщ.

Мардэ зимы1э щы1экъым.

Маф1э мащ1э 1угъуэбэщ,
бын мащ1э ц1эц1алэщ,
гъаблэ бысым гуащэщ.

Маф1эм и гъунэгъу лыр мажьэ.

Мащэ зыт1 йохуэж.

Мэкъумылэр мащ1эмэ, шк1ащ1эр шхэрей мэхъу.

Мэлищэ щ1акъуэншэ хъурэ?

Мыгъуащэрэ щымыуэрэ щы1экъым.

Мыл1эр л1ы мэхъу.

Мыщэ дыгъужь ф1эбэлацэщ.

Мыщэр зып1ам йобэныж.

Насыпыр 1ыхьэмыгуэшщ.

Нащэр мыхъунумэ, к1эрэф мэхъу.

Нэдым и щхьэр умыт1атэу хьэ илърэ ху илърэ пщ1эркъым.

Нэм ек1ур гуми йок1у.

Нэм и узыр нахуэщи, гум и узыр щэхущ.

Нэм илъагъур щхьэм и уасэщ.

Нэм ипэ псэр ихуэ. 

Нэм псэр и фыгъуэгъущ.

Нэри хьэхущи, псэри хьэхущ.

Нэхъыбэм ящ1эр хабзэщ.

Нэхъыжь нэмыс, нэхъыщ1э насып.

Нит1рэ пэт зэхуэдэкъым.
 
Нобэ уи махуэщ, пщэдей си махуэщ.

Ныбэрэ бынк1э псори зэхуэдэщ.

Ныбгъуэр бгъасэми, хьэсэр и плъап1эщ.

Ныбгъуэр жьы хъумэ, адэжынэ мэхъуж.

 Ныбгъуэр хьэм хэсми, хум игу хуэгъэзащ.

Пащ1эм къимыхьыр жьак1эм къихьыжыркъым.

Пэ зи1эм к1эи и1эщ. 

Псэжьым гуащэ къелъхури, гуащэми псэжь къелъху. 

Псэу л1а нэхърэ л1а псэу. 

Псым и жап1эр езым къегъуэтыж.

Псым хэлъ мывит1рэ пэт зонт1э1у.

Псыпэр зэрыжэм псык1эри ирожэ.

Псыр гъужми, жап1эр къонэ.

Псышхуэм псы ц1ык1у хок1уадэ.

Пщэдейрей ныбгъуэ нэхърэ нобэрей бзу.

Пщ1эгъуалэ утесмэ, иц щыщ къыпхохуэ.

П1алъэ мыщ1ыр жыжьэщи, п1алъэ щ1ар къос.

Сымаджэр къанэри щ1эупщ1ак1уэр л1ащ.

Тенджызрэ пэт тк1уэпс-тк1уэпсу зэхэтщ.

 Тепсэр къытепхыжынщ.

Т1акъуэр закъуэ палъэщ, закъуэр щымы1э пэлъытэщ.

Уэсукхъуэр бзу ц1ык1ум къегъэхъей.

Уэсыр фошыгъу хъуати, фошыгъулъэ игъуэтыжакъым.
(Куэдыр пудщ,жыхуи1эщ.)

Уэщым зи1этыху, пхъэм зегъэпсэху.

Удахэмэ, ухейщ, ухеймэ, улъэщщ.

Узэджэркъок1уэ.

Узэрыгугъэу ухъутэмэ, уунэхъурэт?

Уи япэк1э мывэ хъурей бгъажэмэ, ухуэзэжынщ.

Уигу ирихьыр 1эф1щ, ф1ыуэ плъагъур дахэщ.

Укъызыщащ1эм акъылщи, укъызыщамыщ1эм былымщ.

Ул1мэ, ул1акъуэщ.

Унэвым уеуэмэ, мэзывым и бжьэ мэхъей.

Унэр зэращ1а уэщыжьыр щ1ыбым щ1адзыж.

Ухэныпэ нэхърэ лъэпхъуамбыщ1э.

Ущыджэлэнур пщ1этэмэ, упщ1э бгъэт1ылъынт.

Фадэр гуак1уэрыефэщи,

фызыр гуак1уэрыкъашэщ.

фор 1эф1 дыдэщ — зигу иримыхьым ишхыркъым.

Ф1эщхъуныгъэ хущхъуагъэ хэлъщ.

Ф1ыгъуэм и нэхъыщхьэр зэгуры1уэщ.

Ф1ым ф1ы къыпок1уэри, 1ейм 1ей пок1уэжыр.

Хабзэр убзэнкъым, акъылыр къалэнкъым.

Хак1уит1 зы бо щ1эзагъэркъым.

Хак1уэмыхъу жылэ гъэунэхъущ.

Хейм и лъыр хамэм ещ1эж. 

Хуарэр дэхуэхмэ, гум йокъу.

Хъан техьэгъуэ-тек1ыгъуэщ.
(Тетыгъуэр чэзущ, жыхуи1эщ.)

Хъумп1эц1эджым и к1уэдыжыгъуэм дамэ къыток1э.

Хьэлэр хьэлэк1э 1уауд.

Хьэлърэ кхъуэлърэ зэтенэркъым.

Хьэм бацэ ишхмэ, бацэ къыдохыж.

Хьэм вакъэ хуэпщ1мэ, лъешхык1ыж.

Хьэм и к1эм псы къыщ1эмыуэу есык1э ищ1эркъым.

Хьэфэм фо из хъумэ, зэгуотхъ.
(Ныбэизыгъэк1э щык1а ц1ыхум хужа1э)

Ц1ык1уу къамылъху ин хъуркъым.

Ц1ыху зып1 ц1ыху уасэ хон.

Ц1ыху ц1ыху щ1ыжщ.
(Цыхур зыгъасэр, зыуыщийр цыхурщ, жыхуи1эщ.)

Ц1ыхугъэ зи1э, и хьэ сыкъишх.

Ц1ыхум я фэр зэрызэхуэмыдэм хуэдэу, ягури зэхуэдэкъым.

Чэзу зимы1э щы1экъым.

Чы щ1ык1э умыгъэшыр бжэгъу хъумэ, пхуэгъэшыжыркъым.

Шэм исар шхум йопщэ.

Шейт1анри жьы хъумэ, муслъымэн мэхъуж.

Шк1ахъуэми зы нэхъыжь я1эщ.


Шк1эплъ зытелъ нэхърэ дагъэ зытет.
(Дахэ  нэхърэ Ф1ы, жыхуи1эщ)

Шы бэгуит1 зэхъуэгъущ.

Шы щ1акъуэ утесмэ, шы лъэ псэу ухуехь.

Шыгъу зыптхар псы йофэж.

Шым и пащ1эр я1уант1эмэ, и щ1ыбыр щогъупщэ.

Щхьэж и зек1уап!э и к1уэдыжып1эщ.

Щхьэж щыщ и щыдэжынщ.

Щхьэм имылъмэ, лъакъуэм и мыгьуагъэщ.

Щхьэтеп1эншэ къабзэ хъуркъым.

Щыгъын гуащэщи, ят1э пщы унэщ.

 Щрабзэм щыпаупщ1ыркъым.

Щы1эк1ей к1уэдыжык1ейщ.

Щ1алэгъуэрэ дахэгъуэрэ зимы1э щы1экъым.

Щ1алэгъуэрэ делэгъуэрэ зимы1э щы1экъым.

Щ1эблэ зыщ1эмыхъуэр лъэпкъ хъуркъым.

Щ1эин ещэр щ1эин мэхъу. 

Щ1эр жьы мэхъури, жьыр щ1э хъужыркъым.

Щ1эр къэхъунум щ1энэц1урэ жьы мэхъу, жьыр блэк1ам щ1энак1эурэ мэл1эж.

1эзэгъуэ зимы1э узыгъуэ щы1экъым.

1эпкълъэпкъым лей хэткъьжм.

1эпхъуамбитхурэ пэт зэхуэдэкъым.

1эхъуэ зыпэрымытыр хъушэкъым.

1ей зымыгъэунэхуам ф1ыр зыхуэдэр ищ1эркъым.

1ей мыхъу ф1ы хъужыркъьжм.

1ит1рэ пэт зэрымытхьэщ1у зэрыщ1эркъым.

Яжьэжь щ1аха къыщ1эпхьэжк1э хуабэ хъужыркъым.

 
Поиск
Поиск по сайту:
Адыгэ почта

Имя пользователя:
@adigemail.com


Проблемы со входом в аккаунт
Регистрация | FAQ
Города и районы
Зольский район Кабардино-Балкарии г.п. Залукокоаже
Терский район Кабардино-Балкарии г. Терек
Новое на сайте
"Национальное достояние" / Видео
"Адыгагъэ" Бэрэгъун Марианна / Видео
Конный переход - ЗекIуэ / Фото
Али Лигидов / Видео
Кабардино-Крымская война 1707 - 1708 гг. / История
Документальный фильм "Свадьба на Тереке" / Видео
назад  наверх 

KBRLIFE.RU : события и жизнь в КБР