|
Абы бгым зыщидзыжмэ, уэ вийк1э увэну? (Уымыфыгъуэ, уымыижэ, жыхуи1эщ.) Адыгэ мыгъуэ, шыгъурэ п1астэрэ. Адыгэм хьэщ1э и щ1асэщ. Адыгэ нэмыс, урыс насып. Адрыщ1ым ущ1эдэумэ, мыдрыщ1ыр къыплъысынщ. Акъыл зи1эм шы1э и1эщ. Акъыл зи1эр си щ1ыб ису къезухьэк1. Акъылым уасэ и1экъым, гъэсэныгъэм гъунэ и1экъым. Акъылыр ландыщэщ, гъэсэкыгъэр дыщэ жыгщ. (Л а н д ы щ э –удз гъагъэ л1эужьыгъуэ) Анэм «сипхъу закъуэ и псэ» щыжи1эм, пхъуми «си псэй» жи1эу хуежьащ. Анэмэтым гъейрэт ухуэмыхъу. (Дзыхъ къыпхуащ1у къып1эщ1алъхьам уемынэц1ыж, жыхуа1эщ.) (Г ъ э й р э т –епц1ыжыныгъэ, енэц1ыжыныгъэ.) Ахъшэр щэ бжыгъуэщ. Бажэм и к1эр п1ыгъыу тепыхьэ. (И к1эр зэрып1ыгъыу п1эщ1эк1ыжынк1э хъунущ, жыхуи1эщ.) Бажэм сип1Х нэхърэ дыгъужьым срешх. (И к1эр зэрып1ыгъу п1эщ1эк1ыжынк1э хъунущ, жыхуи1эщ). Банэ хуэдэ зэхэплъхьэр данэ хуэдэу зэхэпхыжынщи, данэ хуэдэ зэхэплъхьэр банэ хуэдэу зэхэпхыжынщ. Банэ хуэдэу къэщтэж, данэ хуэдэу гъэт1ылъыж. Бэдж пэтрэ 1эужь трах. Бгъэр куэдрэ уэмэ, и дамэр мэкъутэ. Бгъеям куэдрэ ук1элъымыгъыж. Бгъуэ егъапщи, зэ пыупщ1. Бжэщхьэ1ум нэмыс хьэдрыхэ но1ус. Бжызо1э, сипхъу, зэхэщ1ык1, си нысэ. Бзаджэ къэзылъху и гуэн лъапэ щ1ет1эж. Бзаджэм уи к1э иубыдмэ, пыупщ1и, блэк1. Бзаджэр уи пэшэгъумэ, уи анэ мыгъуэ хъунщ. Бзылъхугъэ пшэрыхь хущанэ. Биижь умыгъэблагъи, уи адэ и благъэжь умыбгынэ. Бийм ущысхымэ, у1эгъэ ухъунщ. Блэк1а хабзэжьым укъемыкъуж. Блэр «п1ыщ1ащ» жып1эу уи гуф1ак1эм думыгъэт1ысхьэ. Быдэ и анэ гъыркъым. Бысымыр хьэщ1эм и 1уэхутхьэбзащ1эщ. Гуащэ мыхъу жьант1ак1уэщ. Гуащэр гъэрмэ, мэжабзэ, хъыджэбзыр дэсмэ, мэутхъуэ. Губгъуэм ущымыкъэрабгъэ, унэм ущымыл1ыхъужь. Гугъэ нэпц1ыр щхьэгъэпц1эжщ. Гужьеигъуаф1э унэхъугъуаф1эщ. Гузэвэхыр щ1эх жьы мэхъу. Гунэс ямыщ1 саугъэт умыщ1. Гупсыси, псалъэ, зыплъыхьи, т1ыс. Гур к1уэдмэ, лъэр щ1эк1ыркъым. Гур к1уэдмэ, шыр жэркъым. Гушхуэ тхьэшхуэ и жагъуэщ. Гъэузи, гъэхъуж. Гъуэмылэпэм е1эзэ, гъуэмылэк1эм езауэ. Гъунэгъу бий ящ1ыркъым. Гъусэ ямыщ1ынум блэк1рэ пэт йоджэ. Дахэ и щ1агъ дыщэ щ1элъщ. Дахэр пагэмэ, пуд мэхъу. Дэ1уэк1ейм дэгу уещ1ри, плъэк1ейм нэф уещ1. Дэтхэнэ зы 1уэхутхьэбзэми бзыпхъэ и1эщ. Делэм сэ сыф1ок1, губзыгьэр езыр къысф1ок1. Дыгъуэм и к1эр мыгъуэ мэхъу. Дыгъужь мэлыхъуэ ящ1рэ? Джэд пасэрэ бын пасэрэ. Джэджьей зеуалэ псывэ хоуп1э. Джэду щысу шыпсэ умы1уатэ. Дзей хуэщ1э ф1ыщ1э хэлъкъым. Дзы зыф1эпщ дзы къыпф1ещыж. Дзыхьмыщ1ыр дзыхьщ1ыгъуэджэщ. Е пщ1ауэ ф1ы ущымыгугъ, ф1ы пщ1ами, ущ1эмыфыгъуж. Е ул1ын, е ул1эн. Егъэлей делагъэщ. Есэ сэгъейщ. Еущий зы махуэщ, хабзэ хьэху махуищщ. Жэмрэ вырэ зэхуотэдж. Жейрэ л1арэ зэхуэдэщ. Жыжьэу бгъэт1ылъыр благъэу къощтэж. Жьэ л1ык1уэ нэхърэ щхьэ л1ык1уэ. Жьэшхуэ тхьэшхуэ и жагъуэщ. Зэрыпщ1у мыхъумэ, зэрыхъуу щ1ы. Зэхуэгъаф1э зэф1эк1уэд къыхок1. Зэщыгугъ мэунэхъу. Зек1уэк1ейм лъашэ уещ1ри, дыхьэн1хык1ейм 1ушэ уещ1. Зи бзэ 1эф1 щынэр мэлит1 Ящ1оф. Зи бзэ 1эф1ым блэр гъуэмбым къреш. Зи бысым зыхъуэжым чыц1ыхъу хуаук1. Зи жьэ зэ1умыщ1эм я гухэлъ зэрыщ1эркъым. Зи щхьэ мыузым уи щхьэ уз хуумы1уатэ. Зи 1ыхьэ зыф1эмащ1эм хьэм ф1ешх. Зи 1уэ ит нэхърэ зи щхьэ ит. Зы жьэм жьэдыхьэр жьищэм жьэдохьэ. Зы махуаем зумыгъэл1, зы махуэл1ым зумыгъашэ, зы псыдзэшхуэм зумыгъэхь. Зызыгъэгусэ 1ыхьэншэщ. Зым ищ1эр щэхущи, т1ум ящ1эр нахуэщ. Зыщытхъур къэгъани, яубыр къашэ. Зыщ1эпхьым къыпщ1ехьыж. Зы1урыдзэ нэхърэ зыдэдзых. (Пщ1э зыхуэпщ1ым къыпхуещ1ыж, жыхуи1эщ) Имылъ къолъэт. (Фочыр нэщ1щ жып1эу уримыджэгу, узэдауэ къыщ1эк1у щ1эщхъу къызэрыпщыщ1ын пщ1энукъым, жыхуи1эщ). Ин жы1э ц1ык1у 1уатэщ. Иужь акъыл нэхърэ ипэ акъыл. Куэд къыубжмэ, уи тхьэмадэжь и ц1эри къыхэхуэнщ. Къак1уэ и 1ыхьэ 1ыхьэхэмы1ущ. Къан хуэщ1э ф1ыщ1э и1экъым. Къэмыс-нэмыс — т1ысып1э щ1экъущ. Къоджэ нэхъыжьщ. Къоуэм уемыуэжмэ, 1э пф1эту укъищ1эркъым. Къыдыхьэр думыхуж, дэк1ыжыр умыубыд. Къыпк1элъымык1уэм узык1элъигъэк1уэнукъым. Къыптек1уэ лъэщщ. Къыптек1уэр гугъущ. Къуэф1ми къуэ бзаджэми адэ щ1эин ухуэмылъыхъуэ. Къуэшырокъуэр п1ащ1эри унакъым. К1апсэр к1ыхьмэ, ф1ыщи, псалъэр к1эщ1мэ, нэхъыф1ыжщ. К1эп1ейк1эр зымылъытэр к1эп1ейк1э и уасэкъым. Лажьэ жьы хъуркъым. (Лаж1э – гукъеуэ, нэщхъеягъуэ) Лъакъуэ псынщ1э вейхэпк1эщ. Лъапэк1э хыф1эбдзэр дзапэк1э къощтэж. Л1эным л1ыгъэ хэлъщ. Л1ы здашэ щ1эупщ1эркъым. Л1ы и псалъэ епц1ыжыркъым. Л1ы пхам л1ы еуэркъым. Л1ы псори л1ыкъыми, фыз псори фызкъым. Л1ы хахуэр утыкум щощабэ, л1ы щабэр утыкум щок1ий. Л1ым зигъэгусэркъым. Л1ыгъэр 1ыхьэмыгуэшщ. Л1ык1уэ яук1ыркъым. Л1ыф1ыр бэ дыдэщи, л1ыф1 дыдэр зырызщ Л1ыхъужь и лъэужь к1уэдыркъым. (И ц1эр, игъэхъахэр къонэж, жыхуи1эщ.) Л1ыхъур фыз дэубзэщи, л1ыбзыр фыз дэуейщ. Маф1э нэхур «благъэщ» жып1эу умык1уэ, хьэ банэ макъыр «жыжьэщ» жып1эу къыумыгъанэ. Мащэм зэ ихуэр набгъэщи, т1эу ихуэр нэфщ. Мащ1эм зытезыгъэгусэм куэдри ф1ыщ1э ищ1ынкъым. Мэзрэ мазэхэрэ уи щэху щумы1уатэ. Мэкъу мащ1и къыумыхь, мэкъу бэхьи умыхъу. Мыщафэ 1эрымылъхьэм гуащэр щумыгъэгугъ, гъусэ мыхъунум ущыгугъыу мыщэм уемыбэн. Мыщащхьэ плъагъуу мыщэ лъэужь умылъыхъуэ. Мыщэ мышынэ умыгъэгубжь. Нэ зыдэщымыплъэрэ тхьэк1умэ зыщымыда1уэрэ, бэн зэвыр мыхъумэ, щы1экъым. Нэгъуэщ1ым ишхамк1э уэ укъэмыкъей. Нэгъуэщ1ым и щытхъум уэ уримыкъей Уримыкъей – уримыпагэ) Нэмыс здэщымы1эм насыпи щы1экъым. Нэмыс пщ1ымэ, уи щхьэщ зыхуэпщ1ыжыр. Нэмысыншэр насыпыншэщ. Нэпсейр насыпыншэщ. Нэрылъагъу щытхъур щ1ыбагъырыубщ. Нэф1эгуф1э и нэ дыщэ 1уэнт1а щ1элъщ. Нэхъыжь те1ущ1ык1ып1эщ. Нэхъыжьым жьэ ет, нэхъыщ1эм гъуэгу ет. Нэхъык1ит1ым яхэди, я нэхъыф1ыр къыхэх. Ныбэ 1ей щы1э мыхъумэ, шхын 1ей щы1экъым. Ныбэм «уи адэ и жьак1э къыпыупщ!и, къилъхьэ» же1э. (Ныбэм уедэ1умэ, емык1у къыуигъэхьынуш, жыхуи1эщ) Ныбэрыдзэ нэхърэ щхьэдэдзых. (Гъэт1ылъыгъэ щ1ы, жыхуи1эщ.) Ныкъуэдыкъуэ нэхърэ уэдыкъуа. Нысэ мыхъунур жьант1ак1уэ мэхъури, маф1э мыхъунур ищхьэм щолыд. Нагэм и блыпкъ-блащхьэ къутэгъуаф1эщ. Пащ1эгъэлыгъуэ джэгу хэлъкъым. Псалъэ бзаджэ губзаджэщ1щ, гурыщхъуэ щ1ыныр хуэмыхугъэщ. Псалъэ щабэ гущабэщ1щ. Псалъэ 1эф1ыр мэгъущ1эри, псалъэ дыджыр мэщ1ытэ. Псапэ куэд хъуркъым. Псэр ящэри напэ къащэху. Псы ик1ыгъуэм унэмысу уи к1э умы1эт. Псылъэнншэу Къурей ихьэркъым. (Къурей – Кавказ лъапэм щы1э губгъуэшхуэ гуэрым и ц1эщ.) Пф1эк1уэдам щхьэк1э умыгъ, я къэбгъуэтам щхьэк1и умыгуф1э. Пхуэмыдэ пэшэгъум мыгъуэ уохъул1э. Пхуэмыфащэ пэшэгъу пщ1ымэ, уи анэ мыгъуэ ищ1ынщ. Пхуэмыфащэ щауэгъу умыщ1. Пц1ищэ нэхърэ зы пэж. Пщащэр пагэмэ, ябгынэж. Сэлам лей хъуркъым. Судым шыфэ псо иплъхьэмэ, вакъапхъэ къипхыжыркъым. Уэшх блэк1ам щ1ак1уэ к1элъумыщтэж. Удафэ и акъыл ирефыж. Удын гуауэр мэгъущри, псалъэ гуауэр гъущыжкъым. Ужьмэ, жьы хуэдэу щыти, ущ1эмэ, щ1э хуэдэу щыт. Узэпэгэк1ыр къопэгэк1ыж. Узэралъагъуу уаф1ощ1, узэраф1эщ1у уалъытэ. Узрихьэл1э шхыныф1щ. Узэрымыса бысым умыуб. Узэрымытым зумыгъэф1ык1. Узэчэнджэщын умыгъуэтмэ, уи пы1э гъэт1ыси, ечэнджэщыж. Узэщэ нэхърэ узэтэ. Узигъусэм и фэ къуаплъ. Узыгъэт1ыс уиубыжыркъым. Узыдэмык1уэжын ущыщымыуэ. (А зэм узэралъэнъуам хуэдэу ущыиу уаф1эщ1ынущ, жыхуи1эщ.) Узыдэмыхьэ къуэладжэ лы дэзщ. Узытек1уэм пэк1ум уахегъэн. Узытел1э нэхърэ къыптел1э. Узыхэдэн щымы1эмэ, щы1эр къыхэх. Узыхэтым уемык1умэ, уи унэ умык1уэж. Узыщымыгугъын ущыгугъмэ, пхъашэ гъуэгу урижэнщ. (Гугъу уехьынщ, жыхуи1эщ.) Узыщымысхьри уимы1эххэри зэхуэдэщ. Уи адэ-анэ яхуэпщ1 нэмысыр уи бынми къыпхуащ1ыжынщ. Уи анэ зыуб уи щхьэ дэгъэсыс. (Пэж жызы1эм дыжы1э, жыхуи1эщ) Уи анэ къобэнми, зромыгъэуд. Уи гуащ1э еплъи, уи лъэ гъэбакъуэ. Уи гур зыхуе1эм уи 1эр лъо1эс. У и гъунэгъур бзаджэмэ, щ1ы хущынэ. Уи ин жи1энщ, уи ц1ык1у и1уэтэжынщ. У и мыгъусэ у и лъатэпс иумыгъапхэ. Уи мыщауэгъу гъусэ умыщ1. Уи напщ1э темылъ тумылъхьэ. У и нэ гъаплъи, уи лъэ гъэув. Уи псалъэ гъэ1эси, уи нэмыс гъэбыдэ. Уи теп1эн еплъи, уи лъэ укъуэдий. Уи ф1ым иумытыр маф1эм уф1ес. Уи шхын нэхърэ уи нэщхъ. Уи шым ижынур пщ1эжын хуейщ. Уи щхьэ мыузу боз иумышэк1. Уи щхьэ хуэпщ1ыжыр уи нэмысщ. Уи 1ыхьэ зы1эрыгъэхьи, ит1анэ зыгъэгусэ. Укъызэрашэ уи шыбэщ, узэралъагъу уи гъуэгущ. (Япэ зэрызыбгъэлъагъуэщ, жыхуи1эщ) Укъыщалъхум псори гуф1ащ, ущыл1эжк1э зыхуэбгъагъыжыфмэ. Умыгъэт1ылъ къэпщтэжыркъым. Умыщ1эм ущ1эупщ1эныр емык1укъым. Унэм зыщыгъаси, хасэм яхыхьэ. Уп1ащ1эмэ, уогувэ. Упщ1э щ1эщхъуркъым, щ1эщхъу щ1энэркъым. Упщ1э 1упщ1э хэлъкъым. Ущакъуэ нэхърэ утакъуэ. (И мыуасэк1э пуду ищэ нэхърэ, птымэ нэхъыф1щ, жыхуи1эщ.) Ущымытхъущэ — пхуэубыжынкъым. Фадэм тек1уа щы1экъым. Ф1ы зыщ1э упщ1эжрэ? Ф1ыр умыц1ыхумэ, нэхъ лъап1эр къыхэх. Хабзэ лъэ1укъыми, 1умахуэ 1уэхутхьэбзэкъым. Хабзэм къемызэгъыр и бийщ. Хабзэмыщ1э — емык1ухьщ. Хабзэмыщ1э — щ1ык1ейщ. Хабзэр убзэ зыф1эщ1ым хуэпщ1энум и ныкъуэр къегъанэ. Хабзэр убзэнкъым, къалэныр 1улъхьэнкъым. Хэдэ мэдакъуэри, хэпхъуэ 1ыхьэф1эщ. Хэдэ мэдакъуэри, хэплъэ мэплъакъуэ. Хэдэ — мэдэхъу. Хэплъыхь 1ыхьэншэщ. Хъуэхъук1э узэхыхьэу, хъуэнк1э узэхэмык1ыж. Хьэ хей умыук1, фыз хей иумыгъэк1ыж. Хьэдэр куэдрэ зепхьэмэ, мэ щоу, 1уэхур куэдрэ зепхьэмэ, мэлъахъэ. Хьэджафэ банэркъым, лъхукъуэщр хъуанэркъым. Хьэф1 дэплъейр хьэф1 мэхъури, шыф1 дэплъейр шыф1 мэхъу. Хьэху хьэху тыж умыщ1. Хьэху яхь щы1эщи, хьэху хьыж щы1экъым. Хьэхурэ щ1ыхуэрэ зэ1ахыу хабзэжьщ. Хьэщ1ап1эрынэр емык1ущ. Хьэщ1э гъунэгъу нэхърэ хьэщ1э жыжьэ нэхъ лъап1эщ. Хьэщ1э къашэ щы1эщи, хьэщ1э ишыж щы1экъым. Хьэщ1э лей щы1экъым. Хьэщ1э щ1алэ щы1экъым. Ц1ыхум и ц1эр езым зыф1ещыж (Ц1ыхум и Дуней тетык1ыэм хуэдафэ къраплъ, жыхуи1эщ) Ц1ыхуф1 и тхьэк1умэ дэгущ. Чэнджащэ щыуэркъым. Шэрэ лъырэ зэхак1эркъым. Шэхур хуабэу яхуз, фызыр щ1алэу ягъасэ. Шу хьэщ1эр ягъэшэсыж, лъэс хьэщ1эр пщ1ант1эм дашыж. Шхын нэхърэ Шхалъэ. Шыгъуп1астэм уемылъэпауэ. Шыдыр удафэмэ, тало мэхъу. Шым еуи, дыхьэ, елъэдэкъауи, къыдэк1ыж. Шыр птымэ, шхуэри дэщ1ыгъу. Шыуаным илъыр зымышхыжынур гуэным илъым тогужьеик1. Шыцуэс къесу узэрысым уимык1. Щак1уэ к1уэгъуэм хьэв яп1ыркъым, гузэвэгъуэм къан къахьыркъым. Щауэр зыгъэщауэр гуащэщи, гуащэр зэрыгуащэр и щэнщ. Щхьэр къэхь жа1эмэ, пы1эр къахь. Щхьэр псэумэ, пы1э щыщ1эркъым. Щыгъынибгъу нэхърэ теубгъуэн. (Щыгъын куэд уи1э нэхърэ теп1энщ1элъын,жыхуи1эщ) Щыжа1эм щыпаупщ1ыркъым. Щык1ыр ик1э мэхъу. Щытхъук1ей нэхърэ убык1аф1э. Щыщ1э нэхърэ мащ1эшх. Щ1ак1уэ нэхърэ уэшх нэхъ благъэщ. Щ1алэгъуэр щхьэгъэрытщ. (Ущ1алэху у1уэхутхъэбзащ1эщ, жыхуи1эщ) Щ1э ягъэ1ущ щхьэк1э, жьы яущиижрэ? Щ1эм дежьи, жьым дэшхэ. Ямыгъэпсэлъэл1 яук1ыркъым. Япэ джэлам ущ1эмынак1э. Япэ л1ар япэ ирах. Япэ л1эм джэбыныр ейщ. 1эщми псэ 1утщ. (Гущ1эгъу хуэщ1, жыхуи1эщ) 1эщми, уедэхащ1эмэ, ф1эф1щ. 1еит1ым яхэди, нэхъ дахэр къыхэх. 1ейм уемыджэ — узэджэр къок1уэ. 1уэхухутэ ял1ыркъым, л1ык1уэ яук1ыр-къым. 1уэхутхьэбзэри щ1ыхуэщ. «1угъуэм сыхок1» жып1эу маф1эм зыхыумыдзэ. 1ущыр щэ мэчэнджащэ.
|