Объявления
Лучшие исполнители на CD
Image
Портал "Circassia.Ru & Adigam.com" предостовляет Вам возможность приобрести на нашем сайте номера журнала "ПСЫНЭ" и лучшие альбомы адыгских исполнителей.

Сделать заказ
 
21 мая 1864
Хьэл-щэн, ц1ыху хэтык1э, зэхущытык1э Версия для печати Отправить на E-mail

Абы жи1ам и дзэ удэмыплъэж.
(Жи1ар уи ф1эщ пщ1ы хъунущ, жыхуи1эщ.)

Абы и гъащ1эр 1эхъуэхэмыхьэу ехь.

Абы нэхърэ хьэм нэхъ ук1ытэ и1эщ.

Абы ущыгугъмэ, уи гурыгъыр ижынщ.

Адыгэр зэхъуэзэщэщ, яэгъуейр зэщэзэблэк1щ.

Адыгэр зэшмэ, мэупсэ, урысыр зэшмэ, матхэ.

Ажалыр зыщ, ар т1ущ.      
(Жагъуэ дыдэу ялъагъум хужа1э.)

Ажэ ц1ык1у бжьакъуэшхуэ.

Ажэбжьэ зэрына зэригъэк1ыфыркъым.

Акъылкъым, былымкъым.

Акъылыр щагуэшым шыпсыранэм хэсащ.

Алмэстыр, «сыц1ыху и гугъэу хьэр къызобэн» же1эри, мэгуф1э.

Анэдэлъху дзыр хъужыркъым.
(Къыбдалъхуа ныкъуэдыкъуагъэр хъужыркъым, жыхуи1эщ.)

Анэдэлъху узыр хъужыркъым.

Анэм л1ыуэ къилъхуащ.

Андызыр къет1ри шыгъу к1анэ ирегъэ т1ысхьэж.
(А д ы з –уыдзщ,тхъэрыкъуэфщ.И лъабжьэр хущхъуэщ. Ц1ыху быдэм, нэпсейм хужа1э.)

Ар зыхыхьа псы жэбзэнкъым.

Ар си набдзэк1ит1щ, ар си нит1ым язщ.

Бэджэндибгъу к1уэнщ.

Арыкъ сабынк1э тхьэщ1и, къабзэ пхуэщ1ыжынкъым.
(Щ1эпхъаджэ куэд зыщ1а ц1ыхум хужа1э.)

Ауан ящ1 Ауаныщ1 к1уащ.

Бадзэ къытелъэмэ, и шхулъэ йопк1.

Бадзэ т1ыса игъэтэджыркъым.
(Ц1ыху 1эсэм хужа1э.)

Банэхэсрэ Ерусалимрэ зэхегъэгъуащэ.
(Бэнэхэс – Краснодар и гъунэгъуу щыс Адыгэ къуажэщ.
Е р у с а л и м – къалэщ. Палестинэм щы1эщ.)

Бэджэндибгъу к1уэнщ.
(Гуащ1аф1эщ, гугъуехь хуэшэчынущ, жыхуи1эщ.)

Бэрэжьей гущэ ирап1ык1а?
(Ц1ыху 1уэнт1ам хужа1э.)

Бгъур 1гук1ыу епщ1анэр к1эсу къихьа хуэдэщ.
(Зыкъызыф1эщ1ыжым хужа1э.)

Бдзантхьэ гъэва хэува хуэдэщ.

Бжьо хуэдэщ.
(Бзылъхугъэ дахэм, щ1ык1эф1эм хужа1э.)

Бжьын щ1эгъуэм 1эпэ шынщ, бжьын шхыгъуэм жумэрэнщ.

Бзаджэм и бзаджагъэр япэ кърегъэщ.

Бзаджэм ишх ф1ым хуе1уатэ.

Бзаджэм ищ1эр ф1ым трелъхьэ.

Бзур 1ук1э къеубыд.
(Бзэ 1эф1 зы1урылъым хужа1э)

Благъуэр гъуэм къреху.
(Бзаджеймк хужа1э.)

Блэ зэраук1а башщ.

Блэ япщэжа дыжьыныжьщ.

Вэнывей уэшх хэшхащ.
(Гугъуехь зыхуэмышэч хуэмыхур щыдзыхэк1э хужа1э.)

Вы мыхъунур жэмыбжьэщ, л1ы мыхъунур жьэгъу жьак1эщ.

Гу зимы1э л1ибгъу я ней къысщыхуэ.

Гу к1уэм гудзэ къыхеуд.

Гу къабзэ щхьэ ц1ап1э.

ГукъеуэнпЕЭ пн1эрыгъуаф1эщ.
 
Гупыр зыгъэгупыр гуп и уасэщ.

Гупыр зыгъэукхъуэр кхъуэм хуэдэщ.

Гурымыкъ гурымыкъ и щ1асэщ.

Гун1ы1эк1э зымыщ1эр 1эшт1ымк1э мауэ.

Гъэми щ1ыми зи павэжь.
(Зи ныбжьым емык1уу щ1алагъэ зыхэлъым хужа1э.)

Гъэпсалъи, епхыж.

Гъуапэкъым, пщамп1экъым.

Дахэр зыгъэдахэр и набдзит1щ.

Делэ гуэшэгъу нэхърэ губзыгъэ дэуэгъу.

Делэ къуэлэн и щ1асэщ.

Делэ хьэлывэ щ1энэц1щ.

Ди гъунэгъум сыкъыщышхи, ди унэ мышхэу сынэсыж.

Ди гъунэгъум я джэдыр къаз хуэдэщ.
(Нэпсейм, фыгъуэнэдым ауаныщ1у хужа1э)

Дуней гъэбжьыф1эщ.

Дуней гъэдахэщ.

Дунейкъым, ахърэткъым.
(Зыми щыщкъым, зык1и сэбэпкъым, жыхуи1эщ.)

Дунейр бжьакъуэпэк1э зэредзэ.

Дунейр нэк1э игъэл ф1ощ1ыж.

Дыгъужьыгу к1уэц1ылъщ.

Дыгъужьыдзэ 1утщ, бажэк1э пытщ.

Дыгъужьым мэл зыф1ихьынур и пы1э щыгу-к1э къещ1э.

Дыжьыныжь пщэжам хуэдэщ.

Дыщэ лъэнк1эпс, уэсэпс хэмыхьэ.

Джатэ ихам хуэдэщ.

Джэгугъуэм л1ыхъужыц, зэуэгъуэм жьындущ.

Джэду хьэжы зыкъещ1.
(Ц1ыхуф1ыфэ зытрегъауэ, жыхуи1эщ.)

Джэдык1эм цы къыхех.

Дзыбэ дзыусщ.

Еджа щхьэк1э, епщэжакъым.
(Зи щ1эныгъэр къэзымыгъэсэбэпыфым хужа1э)

Ежьэ мыхъу ежьэ хъуа упэмыплъэ.

Езым ф1имыгъэжар хьэрэмщ.

Емынэр зигу, жьэгум дэмык1.

Ерыщыр щыту мал1э.

Емы1усэ цыснэ1у.

Еплъагъул1эр ебгъуэтыл1эжыркъым.
(Зи теплъэмрэ зи л1ыгъэмрэ зэхуэмыдэм хужа1э.)

Жэщ дэл1э, махуэ дэхъуж.

Жылэм емыщхьым шыдыщхьэ ф1этщ.

Жылэм емыщхьым бабыщыщхьэ къыф1ок1э.

Жьэк1э маисэщ, 1эк1э сэмэгущ.

Жьэмыгъэпсэху псэмыгъэтыншщ.

Жьэры1эзэ 1эпэзадэ.

Жьы хъуар шхыдэбэ1ущ, уемыдэ1умэ, зегъэгусэ.

Жьым тесу псым йотжыдж.

Жьым щхьэ ядэшх, щ1эм лъакъуэ ядэшх.

Зэрымылъагъумэ, зэщ1ол1э, зэрылъагъумэ, Йол1ык1.

Зэрымытым Тэтищэ ирегъэувэ.

Зэрытым йоплъэ, зэрылъым йо1эбэ.

Зэрыхъун хъури и нэр хъурей хъужащ.

Зи бзэ ныкъуэм гуныкъуэгъуэ ущигъащ1эр-къым.

Зи гупк1э пысым и псысэ е1уатэ.

Зи мырамысэ зыхуэмыщ1ыжыр гъунэгъум жэмыкуащ1э мак1уэ.

Зи нэгу къабзэм игури къабзэщ.

Зи ныбэр зи 1эф1ылъэм и гур и лъэмыжщ.

Зи ф1ыщ1э зи мыгъуа, зи гъунэгъу зи бий.

Зи хущхьэ хъум и бзущ.

Зи шык1эр къурыкъуу зи къэрар мащ1э.
(Къэрар – быдагъэ, ф1эщхъуныгъэ. Зи кърар мащ1э – зи псалъэ ф1эщ хъугъуей,псалъэ быдэ зимы1э.)

Зи щхьэ мыжьу зи жьэ джатэ

Зи щхьэ 1уэху зыхуэмыщ1эжыр хамэ 1уэхук1э ерыщщ.

Зи щхьэр къабзэ, зи гур бзаджэ.

Зы щ1ып1э щокъакъэ, зы щ1ып1э щок1эц1.

Зыдигъазэр и къаблэщ.
(Зэрегуак1уэу, щхъэзыф1эф1у мэпсэу, жыхуи1эщ.)

Зэрымылъ пэ лъагэ, зибг имылъ къудан.

Зым и 1упщ1э зым и щ1ыбщ. 

Зэхуэмыф1 зэф1э1уа.

Зыухым и деж йок1ри зыук1ым и деж йохьэ.
(Зыук1ым -1эщ зыук1ым.)

Зыхамы1уэ мэтэджри мэпсчэу1у.

И адэр къалъхури, и къуэм зигъэпсэхужащ.
(Къуэ щхъэхынэм ауаныщ1у хужа1э.)

И анэ ещхь илъагъумэ, к1элъыжэнущ.

И деж ук1уэмэ, пащ1э лалэщ, уи деж къак1уэмэ, пащ1э задэщ.

И нэр ису и псэр хэгъуащ.

И ныбэ и хьэщ1э, и щ!алэ и къан.

И псалъэ фоупсщ, и фадэ псы защ1эщ.

И фэр бэгущ, и гур бзаджэщ.

И фэр ф1ыц1э щхьэк1э, и к1уэц1ыр дагъэщ.

И хьэм ижынур ещ1эж.
(Хузэф1эк1ынур ещ1эж.)

И цищ мэтхъу

И ц1э выщ, ив матэщ.

И шэ гъуанэ дадзыжынукъым.
(И щ1ыхъ къутэжынукъым, яхуэгъэпудыжынукъым,жыхуи1эщ.)

И шу дыжьынщ,

И жьэгу хьэ гъып1эщ.

И щхьэр матэщ, и жьэр джатэщ.

И щхьэр мыжьрэ и жьэр бзаджэу.

И щхьэр пкъуэлъу и лъэр пкъуок1.

И 1уэху зыхэмылъым и бэлагъ xely.

Имылъу мэлъатэ.

Ириуэнуи ирищтэнуи гу к1уэц1ылъкъым.

Ишхыр ф1эмащ1эщ, ищ1эр ф1экуэдщ.

Къэрабгъэр япэ мауэ.

«Къэхь» ф1эк1 «мэхъ» ищ1эркъым.

 Напэ зимы1эм дзажэпкъ и1эщ.

Ныкъуэделэр ефэмэ, делэ дыдэ мэхъу.

Нысащ1э мышынэ-мыук1ытэ мэлыщхьэ ф1эбзам щошынэ.

Пашэ ящ1ри яхуэк1уэркъым, дакъэм дащ1эри яхуекъуркъым.

Пащтыхьым и щхьэхынэщ.
(Щхъэхынэ 1ейм хужа1э.)

Пл1эк1э къихьар ныбэк1э ихьыжащ.
(Къихьар ихъыжри к1эжащ.)

Псэжьит1ыр щызэф1ым зэкъуалъхьар щызэбийм зэкъуахыж.

П1астэгъэф уафэлъагъущ.
(Ц1ыху сэбэпыншэм хужа1э.)

Си тхъэгъуэм си гъуанэдэплъэ, си лъаджэгъуэм къыслъимыплъэж.

Удым и удыгъэр япэ ирегъэщ.

Уеплъмэ, дахэщ, зэгуэпхмэ, банэщ.

Ук1ытэр и нэгу щ1элъщ, акъылыр и бзэгу телъщ.

Ук1ытэр щагуэшым дурэшым дэсащ.

Унэм я мыгъуэр я гъуощ.

Фэ зытетым гу к1уэц1ылъщ.

Фэк1э щ1алэрэ гук1э л1ыуэ.

Фыз бзаджэ нэпсырыгуащТэщ.

Фыз фэрыщ1 л1ыгъапц1эщ.

Фызыгъуэ л1ы гъум.

Хабзэмыщ1э щытхъухьым хьэгулывэм фо хек1э.

Хэмыль хэлъхьэ к1уэри лэпхъуамбыщ1э хилъхьащ.
(И 1ыхъэ зыхэмылъым къыхихын и гугъэу к1уэщ, хилъхъэри къэк1уэжащ, жыхуи1эщ.)

Хуабэ хъумэ, мэдыд, щ1ы1э хъумэ, мэдий.

Хьэ къарэ к1апэ жьэдэлъ хуэдэ.
(Нэк1у ф1ыц1э дзэ хужъым хужа1э.)

Хьэжыщ1ри сату щ1ынри зэдегъак1уэ.

Хьэзыр 1упэху, хуэмыху щ1эращ1э.

Хьэк1эри кхъуэк1эри зэрепх.
(1уэху куэд зэпызыщэм хужа1э)

Хьэлэболэ былым хуэщщ.

Хьэр и напэщ, кхъуэр и пащ1эщ.

Хьыгъуэм гуащэщ, къэхьыжыгьуэм псэжыц.

Шхэгъуэм дыгъужыц, лэжьэгъуэм жьындущ.

Шхырыджэгу ныбаблэ, гъаблэ хъумэ, щхьэпГыж.

Шыщ1э къамылъхуам уанэ хузэщ1елъхьэ.

Щымысымаджэми бэджынэ и щ1асэт.
(Зызыгъаф1эм хужа1э.)

Щыуэгъум лъапц1эщ, щыпц1апц1эм вакъэщ.

Щ1алэ ф1ыц1э нэк1уф1э, ахъшэ ф1ыц1э гуф1ак1э.

Щ1алэм къижыхьмэ, л1ыжьым и лъэдий мэуз.  

Щ1ыр бжьэк1э епщри, къыпыщым тоувэ.

Щ1ыр къэмыщтэу къэщтэнукъым.

Яхуэук1ыркъым, яхуигъэк1ыжыркъым.

Яхутемыхьэ яхутек1ыркъым.

1эгу нэщ1 пащ1э п1ий.

1эжьэгъур куэдмэ, къэрабгъэр зэуак1уэ мэхъу.

1эмбатэ зэрымытым 1этэ ирегъэувэ.

1энэ щагъэувым щохуэх, фадэ ща1этым щохутэ.

1ыхьсыхь 1ыхьэшх.

1ущ и акъыл и гъуэмылэщ.

1упэ зэв джий быхъу.

 
Поиск
Поиск по сайту:
Адыгэ почта

Имя пользователя:
@adigemail.com


Проблемы со входом в аккаунт
Регистрация | FAQ
Города и районы
Зольский район Кабардино-Балкарии г.п. Залукокоаже
Терский район Кабардино-Балкарии г. Терек
Новое на сайте
"Национальное достояние" / Видео
"Адыгагъэ" Бэрэгъун Марианна / Видео
Конный переход - ЗекIуэ / Фото
Али Лигидов / Видео
Кабардино-Крымская война 1707 - 1708 гг. / История
Документальный фильм "Свадьба на Тереке" / Видео
назад  наверх 

KBRLIFE.RU : события и жизнь в КБР