|
Адэ л1эужьыншэрэ лыншэ къупщхьэрэ. Адэр дэм хуэдэщи, анэр нэм хуэдэщ. Адэр шхэк1э къуэм зигъэнщ1ыркъым. Анэ бгъафэрэ хъурыфэ джэдыгурэ. Анэ дэк1уэрэ л1ы дэк1уасэрэ. (Т1уми емык1у пылъкъым, жыхуи1эщ.) Анэ зимы1э сабийр, адэ и1эми, ибафэщ. Анэр нэщи, адэр лъэпкъщ. Анэгук1э къе1эри, анэ1эк1э къитри къызитам къысхуищ1ащ. Анэнэп1эсыр уэсым нэхърэ нэхъ щ1ы1эщ, зэзым нэхърэ нэхъ дыджщ. Анэнэп1эсрэ гупк1э т1ысып1эрэ. Анэр бын гъэк1уэдщ. (Былым щысхъурэ, еубзэурэ егъэсэхъу, жыхуи1эщ.) Анэ шыпхъу анэ палъэщи, адэ къуэш адэ палъэщ. Бэлагъык1ыр зы1ыгъым хьэ къарибгъу щогугъ. Биижь благъэ хъуркъым, благъэжь бий хъуркъым. Благъэ жыжьэ нэхърэ гъунэгъуф1. Благъэ хъумэнрэ ху хъумэнрэ зэхуэдэщ. (Tlypu хъумэгъуейщ, 1ыгъыгъуейщ, жыхуи1эщ.) Благъэжьрэ дыжьыныжьрэ. Быдзышэр хьэкхъуафэм ирак1эркъым. (Быдзышэм нэмыс и1эн хуейщ, жыхуи1эщ.) Былым къыпщДэн нэхърэ быныф1 Къыпщ1эн. Бын зэхэдзэрэ удын зэхэдзэрэ. Бын зимы1эр щ1ол1э, зи1эр йол1ал1э. Бын т1уащ1э л1ы гухэщ1щ, бын щащ1э л1ы фэ техщ. Быныр нэм и хъуахуэщ. Бысым гуащэщ1э хьэщ1э и щ1асэщ. Гуащэм и хабзэр нысэм и бзыпхъэщ. Гуащэр гъуммэ, шхэреищи, нысэр к1энт1мэ, шхын щ1эл1эщ. Гъатхэ дыгъэ си нысэ типси, бжьыхьэ дыгъэ сипхъу типсэ. Гъунэгъур гъуджэм хуэдэщ. Гъунэгъур унэгъущ, къигъунэгъужыр гъунэгъущ. Гъунэгъурэ гъуэншэджрэ. Гъунэгъуф1 къуэшыф1 палъэщ. Дадэм щ1ыгъур нанэщи, нанэм щ1ыгъур дадэщ. Дэлъхум и 1ыхьэр шыпхъум ехь. (Шыпхъур и дыщым къэк1уэжыху, дэлъхум и 1ыхьэм щыщ ехъ, жыхуи1эщ.) Дэ1эбеи, ет, е1эбыхи, къашэ. Делэ благъэ нэхърэ губзыгъэ бий. Делит1 зэгуэгъущ, т1уанит1 зэегъущ. Дыгъэнэпс нэхърэ анэ бгъафэ. Драхьеймэ, мэгъущ1э, кърахьэхмэ, мэщ1ытэ. Дыщ мэжаджэ 1эф1щ. Джанэ нэхърэ гъуэншэдж нэхъ благъэщ. Джэд хуэдэ, быныф1эщ. Джэдумрэ фызымрэ унэгуащэщи, хьэмрэ л1ымрэ ныбгъуащэщ. Еблагъэ зи бэм и бын мэжал1эркъым. Егъур гъуэтыгъуаф1эщ, благъэр гъуэтыгъуейщ. Ет1уанэл1рэ 1ул1э1уданэрэ. Жагъуэгъурэ ш1асэгъурэ зимы1э щы1экъым. Жагъуэл1рэ л1эныгъэрэ. Жэм лъакъуэ шк1э иук1рэ? Жьы зэрымысым нэмыс илъкъым, щ1э зэрымысым насып илъкъым. Закъуэныгъэ нэхърэ 1эл къыбдис. Зэдэшхэ 1эф1щи, зэдэф1 унэщ. Зэкъуэш псори зы анэм къилъхуркъым. Зэкъуэшит1 зэкъуэщтыжыркъым. (Зэкъуэщтыжыркъым - щтэуэ зыр зым хыф1идзэркъым.) Зэкъуэшит1рэ дзит1 Зы1утрэ. Зэл1зэфыз я псэ зы чысэ илъщ. Зэхэк1ыр губжьым къыхок1. Зэхуэфащэ зэщауэгъущ. Зегъэуби, уи бын пГыж. Зи адэ л1ар ибэ ныкъуэщ, зи анэ л1ар ибэ хъурейщ. Зи бын гущ1ы1эу зыгъэсам и нэпскХэ епшыныж. Зи щхьэ уи унэ исым и псэ уи унэ илъщ. Зил1 1эмбатэм и фыз куэтэрамэщ. (Зил1 мык1уэмытпэм и фызри апхуэдэщ, жыхуи1эщ.) Зы бын зи1эми бынищэ зи1эми зэхуэдэу ялъагъу. Зы унэ и хьэдэ зы унэ ит1ысэркъым. Зы хьэш1эм зы хьэщ1э и жагъуэщи, хьэщ1ит1ыр бысымым и жагъуэщ. Зыпс ираш зэшыпхъущ. И анэр гупсэщ, и адэ псэущ. (Къэзылъхуахэр узыншэщ, псэущ, насып и1эщ, жыхуи1эщ.)
И анэ еплъи, ипхъу къашэ. И адэ ёплъи, и къуэ дэк1уэ. И нэм и джабэхъщ, и псэм къыпатхъащ. И нэм и нэхущ, и псэм и хъуахуэщ. (Ф1ы дыдэу елъагъу, жыхуи1эщ.) И уанэ трилъхьэмэ, игу ирилъхьэжащ. (Щхъэ закъуэу, бынунэ зимы1эу псэум хужа1э.) И щхьэ закъуэ и лъакъуит1щ. Игу къобгъэну анэкъилъху нэхъ бзаджэщ. Имылъагъумэ, щ1ол1э, илъагъумэ, йол1ык1. Имысрэ сымаджэрэ 1ыхьэншэщ. Къак1уэ псори благъэщ. Къак1уэхэ я унэщ. Къалъхур ирегъашэ, къашэр егъэнысэ. Къантешэ нэхърэ къаншэж. Къапшэ хъунущ, хуэпшиин уи1эмэ. Къэда1уэ, си хъыджэбз, зэхэщ1ык1, си нысэ. Къэзылъхуар мэуп1эри зымып1ам хуолажьэ. (Хъыджэбзыр зыщалъхуа унагъуэм йок1ри зыдэк1уам яхуолажъэ, жыхуи1эщ.) Къэзышагъащ1эм щ1ак1уэщ1эрэ к1уэк1эщ1эрэ къещтэ. Къэсшэн согъуэт, сымыгъуэтыр къыздэк1уэнщ. Къомыхъуэжынур, къомыщэжынур уи анэрэ уи нит1рэщ. Кърум шыр имы1эмэ, зы бзущ. Къуажэ дэз 1ыхьлы нэхърэ жылэ и зырыз благъэ. Къуажэ ив нэхърэ къуажэ и благъэ. Къуаргърэ пэт, и шырым «хужь ц1ык1ук1э» йоджэ. Къуэ бзаджэм адэм хъуэн къыхуехь, пхъу бзаджэм анэм хъуэн къыхуехь. Къуэ бзаджэм яжьэм ухегъэс, пхъу бзаджэм хасэ урехьэ. Къуэ закъуэрэ нэ закъуэрэ. Къуэ зимы1э адэр нысэлъыхъу ежьэркъым. Къуэ пцГыупс зи1э анэ гуф1э щыщ1эркъым. Къуэ уи1эмэ, нысэ уи1эщ. Къуэм и нэр нэфми, анэм псоуэ елъагъу. Къуэм и псэр анэм и псэфылъэщ. Къуэм уил1ынщ, л1ым уип1ынщ. Къуэр напщ1эщ, пхъур набдзэщ. Къуэр унэм и пкъощ, пхъур унэм и щ1эращ1эщ. Къуэрагъыр ираупсеящ. (Къэшэгъуэ, дэкТуэгъуэ чэзур зылъыса щ1алэм е хъыджэбзым хужа1э.) Къуэф1 и анэ гуф1э щигъащ1эркъым. Къуэш егъу нэхърэ ныбжьэгъуф1. Къуэш зимы1эм башым 1эпл1э ирешэк1. Къуэш и щ1эин къуэш ехьыж. Къуэш лей щы1экъым. Къуэш-шыпхъур хы къумиблым къыкъуок1. Къуэшыншэ щ1эупщ1ак1уэншэщ. Къуэшыр зыщыбэм бэныр щыбыхъущ. Лъагъуныгъэ зыхуэпщ1ым гущ1эр къегъэхъей. Лъагъуныгъэ зыщ1ам лъагъук1э къым. Лъхурык1уэд — лъхурыщ1эхщ. Л1акъуэр зыщыбэм быныр щыхейщ. Л1ы гурымыкъыр фыз гъагъщи, л1ым и гъыринэр гуемы1ущ. Л1ы жьей фызгъэгъущ. Л1ы зэрымыс унэр сабафэщ. Л1ы и фыз трахрэ? Л1ы хьэщ1э нэхърэ фыз хьэщ1э. Л1ы щептк1э умыгъ, кърагъэк1ыжмэ, гъей. Л1ыгъуабэм быныр ирепхъыхь, фызабэм быныр къещыпыж. Л1ым и узыншагъэр фызым и ф1ыгъэщ. Л1ымрэ фызымрэ зэхуагъэувыр я хабзэщ. Л1ырэ фызрэ мащэ т1а яку дэлъщ. Малъхъэр хъумэ, къанщ, мыхъумэ, шыдщ. Малъхъэщ жыпХэу унэгъу умыщД, щ1алэщ жып1эу къебгъэшэн къыумыгъанэ. Махуаем бгъуэтыжыр ныбжьэгъущи, уи хьэмтетыгъуэм бгъуэтыр уи шхэгъущ. Мэлищэ нэхърэ щу1эгъэф1. Мыгъуэр зи мыгъуар анэрщ. Насыпыр фызым къыдок1уэ. Нэгум щ1этыр нэм хуэдэщ. Нэм псэр и фыгъуэгъущ. Нэм псэр зыщ1ешэ, гум гур къреджэ. Нэм пэжыжьэми, гум пэблагъэщ. НэхъыщДэ нэхъ щ1асэщ. «Нэчыхьым сигу щык1ащ», — жи1ащ куэдрэ яшэурэ кърагъэк1ыжа пасэрей пхъужьым. Ныбжьэгъум занщ1эу къыбжи1энщ, бийм уи щ1ыбк1э щигъэ1унщ. Ныбжьэгъум ягъэпуда л1ыр фызыф1ым къыдехыж. Ныбжьэгъур бгъэунэхунумэ, хуитыныгъэ ет. Ныбжьэгъур уи нэгу къыщ1оплъэ, жагъуэгъур уи лъакъуэ йоплъых. Ныбжьэгъур щагъэунэхур махуейщ. Ныбжьреил1 щы1экъыми, ныбжьрей дыщ щы1эщ. Нысэ унэгъу т1уанэгъуейщ. Нысэ 1ейм унафэр унэм ирех. Нысэгъукъуэ нэхърэ т1уанэ къуибгъу. Нысэм зэхихыу уи пхъум еущие. Нысэм уеубзэмэ, данэ 1убзэ къуитынщ. Нысэр ф1ыщ жып1эу ц1э ф1умыщ, и ц1эр езым зыф1ищыжынщ. Псэр зэхъуапсэр дахэщ. Псым ик1 пэтрэ я к1э зэнт1э1уащ. (1ыхълыгъэ зэхуа1экъым, жыхуи1эщ.) Пф1эмащ1эр хьэщ1э 1усщ. (Шхыным ущысхъмэ, хъэщ1э шхын мэхъу, жыхуи1эщ.) Пхъур зэрыбгъасэщ, нысэр зэресащ. Пхъур хамэ бынщ. Пхъурылъхур пк1эм думыгъэплъей. (Куэдрэ пумыгъаплъэу 1энэ къыхуэщтэ, жыхуи1эщ.) Пхъурылъхур къихьэмэ, псатхьэр магъ. Пхъурылъхурэ къанрэ зэхуэдэщ. Пц1ырыпыхьэ щ1эинхьыж. Пщащэр дэгъуэмэ, гъунэгъур и фызщ1эгъущ. (И ф ы з щ 1 э г ъ у щ - фызу ешэ, жыхуи¬1эщ.) Пщащэр унэгуащэмэ, кхъуейхьэбыкъуэ ешх. Шэщхьагъей уи1эу хьэдагъэ умык1уэ. Сабий зэрымысым насып илъкъым. Сабий зимыГэм имы1э1ауэ къыщохъу. Сабий щ1эхъуэпсым гущэпс ед. Сабийр зыгъашхэр и анэщ. Сабийр, и к1эт1ийр бжыхьыпэм пылъми, мэджэгу. Сабийм адэ имы1эжмэ, зеиншэкъым, анэ имы1эжмэ, зеиншэщ. Сэ нэхъыф1 умыгъуэтмэ, сыкъэщтэж. Си анэм зэрыжи1эу симыщ1у, Си фыз зэрыжи1э Тхьэм сищ1. Сыкъамыдэми, срадахэщ. Уэ пхуэдэ сещэмэ, щэ иризгъэкъунщ. Узэлъэ1у къэгъани, къолъэ1у къашэ. Узэрымылъагъуу 1эф1 щы1экъым. Узейм уигъэкъакъэмэ, хамэм къакъэ къуатынщ. Узыгъэблагъэ гъэблэгъэжи, узыгъэбий гъэбииж. Узыук1ыр уи бийщи, уш1эзылъхьэжыр уи къуэшщ. Узыхэфыжыну псым хьэ хыумыук1э, иумыгъэк1ыжыну фызым дзы хуумыус. Уи адэр ф1амэ, уэ уи щытхъукъым, къуэф1 уп1амэ, къыпщытхъунщ. Уи анэ и 1э илъым еплъи, уэ уи 1э илъым едзакъэ. Уи анэ зэрымысым дыщасэ умык1уэ. Уи анэ къимылъхуар уи дэлъхукъым, уи дэлъху къимышари уи нысэкъым. Уи благъэ и унащхьэ плъагъуу ублэмык1. Уи благъэ къуитым и дзэ удэмыплъэж. Уи благъэ уемыпэгэк1 - уи бийм благъэ хуэхъунщ. Уи бынрэ уи благъэрэ умыбж. Уи гъунэгъу и фэ къыптоуэ. Уи гъунэгъу умыуб, уи благъэщ1и ущымытхъу. Уи гъунэгъум къыпхуимыщ1эр жыжьэм къыпхуищ1энкъым. Уи гъунэгъур уи гъуапэщ. &;;nbsp; Уи гъунэгъур уи 1энэгъумэ, уехъул1ащ. Уи къуэ уемыубзэ, уибзи уемыгуауэ. (У и б з и - уи бзылъхугъи,) Уи къуэрэ уи нысэрэ къахуэбублэр къалэнщ. Уи к1уэдыр си к1уэдщ, уи къанэр си къанэщ. Уи нап1э гъал1и, л1ы зэгъэгъуэт, утыкур бгъуэтмэ, уи джатэ къих. Уи насып зыхэлъым дыщэхъ тепхъуауэ уолъагъу. Уи ныбэ къик1ыр уи бынщи, уи лъэуей къелъэри уи джэдщ. Уи нысэ уигу ебгъамэ, уипхъу ешхыдэ. Уи т1уанэ умыуб, уи бын ущымытхъу. Уи фыз къыхуэбублэ и хабзэщ. Уи фыз л1амэ, уи щ1ылъэныкъуэр гуэхуащ. Уи фызрэ уи 1эщэрэк1э хэти дзыхь хуумыщ1. Уи фызыр бзаджэмэ, хьэдагъэ умык1уэ — махуэ къэси уи хьэдагъэщ. Уи фызыр ф1ымэ, джэгу умык1уэж — махуэ къэси уи джэгущ. Уи хьэш1эри гъаф1э, уи къуэшри ф1ыуэ лъагъу. Уи щхьэр зэрык1 нэхърэ уи к1эр зэрылъ. Уи щ1алэ зэрыбгъасэщ, уил1 зэресащ. Уипхъу зэрысрэ уи нысэ и дыщрэ. Укъэзыук1рэ укъизыгъэк1ыжрэ. Унагъащ1э гужьеигъуаф1эщ. Унагъащ1э хьэщ1эхуэф1щ. Унагъуэ зи1эм унагъуэ и п1алъэ ещ1э. Унагъуэ умыхъуу къуажэ ухъункъым. Унагъуэм гъуанибл и1эщ. Унагъуэм лъакъуибгъу щ1этщ. Унэ зэхэмыбзым си нэрыбз хэк1уадэщ. Унэ зимы1эм унагъуэ и1экъым. Унэ пхашэ тен1эбэщ1щ. Унэ ф1ейм л1ыр егъэжь. Унэрыс зы бий нэхърэ унэ щ1ыб биищэ. Унагъуэжьрэ пхъэжь маф1эрэ. Унэкъуэщ хьэщ1э гъэф1эгъуейщ. Унэ мыхъу хьэбахъуэщ. Унэнум я хьэ удз ехъури, унэхъунум я нысэ мэдыгъуэ. Унэр зейр жьант1ак1уэщ. Унэр зыгъэунэри благъэр зыгъэблагъэри фызщ. Унэр игущ, жьэгур и псэщ. Унэр ш1абгъэр губгъэныр илъын щхьэк1эщ. Ущылъхуэрэ ущыл1эрэ. Фадэр куэдрэ щытмэ, мэжабзэ, хъыджэбзыр куэдрэ дэсмэ, мэутхъуэ. Фыз бзаджэ зи1эм и унэ умык1уэ. Фыз бзаджэ л1ыгъэжыц. (Л1ыр щ1эх жьы ещ1, жыхуи1эщ.) Фыз бзаджэ хьэщ1эмыгъашхэщ. Фыз бий нэхърэ жылэ бий. Фыз быдэ ил1 хьэлэлщ. Фыз дахэ тхьэмахуэ фызщи, фызыф1 ныбжьырей фызщ. Фыз закъуэм дэмы1эпыкъу л1ыр л1ыф1къым. Фыз зимы1э щ1алэрэ шхуэ зыпщ1эхэмылъ шырэ. Фыз мылъхуэ дахэщ. Фыз улъыхъумэ, благъи дэлъыхъуэ. Фыз хуэмыху зи1эр насыпыншэщ. Фыз хьэдэ л1ыгъапц1эщ. (Фыз хуэмыхур л1ым еубзэурэ къегъапц1э, жыхуи1эщ.) Фыз щэ ш1ыгъуэщ. Фызабэм и бын еп1ыжри л1ыгъуабэм и бын хуэп1ыжыркъым. Фызабэр бын щхьэтепхъуэщ. Фызым еуэр л1ы мыхъущи, хъуэр зымыдэр л1ы делэщ. Фызым игъэпуда л1ыр зыми къыдихыжынкъым. Фызыр жьы хъумэ, ф1ы мэхъуж. Фызыр т1эушхэ-щэшхэщи, л1ыр зэ шхэгъуэ закъуэщ. Фызыр щ1агъуэмэ, унагъуэм къе1уатэ. Фызыф1 быдзышэ налъэ щыщ1эркъым. Фызыф1 гъэт1ылъыгъэншэ хъуркъым. Фызыф1 зи1э и гуауэ шэчыгъуаф1эщ. Фызыф1 зи1эм хъуэхъу и унэ илъщ. Фызыф1 и хьэку ят1э хьэзырщ. Фызыф1 и 1энэ зэтетщ. Фызыф1 ил1 гъуэмылэншэ хъуркъым. Фызыф1 ил1 нэк1ущхьэплъщ. Фызыф1 ил1 ц1эры1уэщ. Фызыф1ым л1ы 1ейр добжьыф1эри фыз 1ейм л1ыф1ыр добжьыгуэ. Фызыф1ыр унэщи, фыз 1ейр щ1ыунэщ. Ф1ылъагъуныгъэр къупщхьэ зауэм хуэдэщ. Ф1ыуэ зэрылъагъуит1ыр зы фэ джанэм зэдохуэ. Ф1ыуэ узэрылъагъумэ, бгъэныщхьэ унэри жэнэтщ. Ф1ыуэ укъэзылъагъум уи дагъуэр уегъэлъагъуж, жагъуэу укъэзылъагъум уи нэщ1ыбагък1э е1уэтэж. Ф1ыуэ плъагъум зыкъебгъэщ1энумэ, и ц1эр куэдрэ жы1э. Ф1ыуэ слъагъум хуэзмыщ1энур сремы1э. Хамэ щ1алэ бгъэуджмэ, и анэ къеджэмэ, к1уэжынщ. Хамэм ухуэмыубэ, быным ухуэмыдзыхэ. Хэгъэрей хуэмыхум хьэ къуегъэдзакъэ. Хэгъэрей бзаджэ дэк1уатэ к1ыхыц. Хэгъэрей бзаджэ шу ужыц. Хэгъэреиф1 лъыхъуи, былым лъыхъуэ к1уэ. Хъыджэбз къапшэмэ, уэ зэрыбгъасэщи, пхъужь къапшэмэ, зэресагъэххэщ. Хъыджэбз унэгуащэмэ, тхьэмбылыкъу ешу. Хъуэн зимы1эр и дыщ к1уэжри, хъуэн къихьщ. Хьэ мыбанэ унэ гъэунэхъущ. Хьэ пэтрэ и шырыр дзапэк1э зэрехьэ. Хьэдрыхэ к!уэрэ зи дыщ к!уэжрэ хэт иубыда? Хьэк1уфхэр зофийри, зэфэгъухэр зэк1уомщ. (X ъ э к I у ф — адыгэхэм ящыщ зы лъэп-къыу хы Ф1ыц1э 1уфэм Тусащ. З э к 1 у о м - зэблагъэщ, жыхуи!эщ.) Хьэмэшыпхэ благъэщ. Хьэщ1э жагъуэ псы к1эщ1ак1э. Хьэщ1э здэщы1эм хэгъэрей щы1эщ. Хьэщ1э зи жагъуэм лыхуэ хуегъажьэ. Хьэщ1э къак1уэмэ, хэгъэрейр мэгуф1э. Хьэщ1э хьэш1э тепсыхэ и жагъуэщ. Хьэщ1эм и ерыскъыр къыдок1уэ. Хьэщ1эмыгъашхэ ц1эры1уэщ. Хьэщ1эр бысымым и гъэрщ. Хьэщ1эр жэщищ исмэ, быным ящыщ мэхъуж. Хьэщ1эр куэдрэ щысмэ, бысымыр йозэш. Хьэщ1эр нэщхъеймэ, бысымым и ягъэщ. Хьэщ1эр хущхьэрей хъумэ, гъашхи, гъэгъуэлъыж. Хьэщ1эр хьэзыр щхьэк1э, бысымыр хьэзыр? Хьэщ1эр шхэмэ, бжэм йоплъ. Хьэщ1эф1 и бысымыбжэ зэ1ухащ. Щыхубз зыщ1эмыс унэр сабафэщ. Щыхуф1 и 1энэр хьэзырщ. Шыгъу пут зэдумышхыу узэрыщ1эркъым. Шыпхъум и гур дэлъхумк1э гъэзащ. Шыпхъуншэ нэхърэ шыпхъу нэф. Шыпхъуншэрэ хьэдагъэнпхэрэ. Щхьэгъусэр насып зэхэгъэк1ып1эщ. Щхьэж и ныбжьэгъу и гъуджэ-мажьэщ. Щхьэж, и фэгъу и гуэгъущ. Щхьэж хуэфащэ и щауэгъущ. Щхьэзыф1эф1 щхьэзыф1эф1 къелъхуж. Щыпэл1ыр щыпэнэхущи, ет1уанэл1ыр 1ул1э1уданэщ. Щ1алэр унэ псоми я малъхъэщи, хъыджэбзыр унэ псоми я нысэщ. Щ1эщыгъуэр ик1ри зэрыук1ыр къихьащ. Я выр уэдрэ я хьэр пшэрмэ, унагъуэщ. Я нэхъыжь и унафэ я хъыджэбз екъутэ. Я ныху зэпхащ. (Я щэхуи я нахуи зэрощ1э, жыхуи1эщ.) Я щ1алэ щ1ыбыцэ, я кхъуей цы защ1э. Ял зэхэбгъавэми, я лэпс зэхыхьэнукъым. Ямылъэгъуа бланэ къаук1ыркъым. Япэ къапшэр уи фызщ, ет1уанэу къапшэр уи къанщ. Яубыр бысым щ1ы. Яхь зэхэпхмэ, уипхъу уф1ощ1. 1эр бутхыпщ1к1э, 1эбжьанэр пыхурэ? Гэтащхьэ илъагъумэ, хъыджэбзыр мэгуф1э. 1ыхьлы делэ напэтехщ. 1уданэ к1апэр к1эщ1щ жып1эу хыф1умыдзэ, пщыкъуэр щ1алэщ жып1эу думыдзых.
|