|
Зэшищ псэурти, я нэхъыщIэм ПыжьынэкIэ еджэрт. Пыжьынэ яфIэделэти, лъэныкъуэ ирагъэзын мурад ящIащ нэхъыжьитIым: «Ди напэр трех, емыкIу къыдегъэхь», - жари. Мэл яIэти, мэл зытхух иратри, Пыжьынэ зэхагъэкIащ зэшитIым. - Уи щхьэ гъэпсэуж, дэ укъытщымыгугъ, - къыжраIэри пщIантIэм къыдагъэкIащ. Мэл зытхухыр хъуакIуэ ихуащ Пыжьынэ, мэз лъапэм щигъэхъуакIуэурэ, жэщ къытехъуащ. «Мэлыр мэз лъапэм пщэдеи къэсхун хуейщ, - жиIащ Пыжьынэ. - Мэлыр схужынкъым: мэз лъапэм къытезнэнщи, пщэдджыжь сыкъыкIэлъыкIуэнщ». Мэлыр мэз лъапэм къытринэри, езыр къуажэм къыдыхьэжащ. Нэху щырэ тригъазэмэ, мэлыр хьэм яшхауэ ирихьэлIащ. ЗигъэнщIа хъунтэкъыми, зы дыгъужьыжь къупщхьэм йогъури щытщ. - Сыбгъэунэхъуащ, емынэунэ хъун! - Пыжьынэ дыгъужьыжьыр ирихужьащ, бжэгъу пиупщIри. Ихум-ихуурэ, дыгъужьыр гъуэм фIипкIэжащ. Бжэгъу цIынэр и куэщIым иригъэувэри, Пыжьынэ гъуащхьэм тетIысхьащ: - Гува-щIэхами, зэ укъикIынкъэ гъуэм! - жери. Пыжьынэ гъуащхьэм тесурэ, уэшхышхуэ къешхри, дыгъужьыгъуэм псыдзэ иуащ. «КъуртI-сыртI» жери, псыдзэр щыщIэуэм, дыгъужьыжьым и щхьэр гъуэм къригъэжащ. - Пыжьынэ! - жиIащ дыгъужьыжьым. - Сумыгъэтхьэлэ, гъуэм сигъэкI: мэлыр къэтпшыныжынщ. Мэл зытхух пфIэтшхамэ, мэл хъушэ уэттыжынщ. - СыкъэбгъэпцIэнкъэ? - УкъэзгъэпцIэнкъым. Ныжэбэ нэху гъэщи, пщэдджыжь мэз лъапэм къытехьэ: мэл хъушэ укъредгъэхьэлIэнщ. - Хъунщ, - жери гъуащхьэм къытекIыжащ Пыжьынэ. Дыгъужьыжьыр гъуэм къикIщ, зиутхыпщIри, мэзым хыхьэжащ. Нэху игъэщри, Пыжьынэ мэз лъапэм кIуащ. Мэз лъапэм мэл хъушэ щрихьэлIащ Пыжьынэ. Хъушэр къызэщIикъуэри, унэм къихуащ. - Мэл хъушэр дэнэ къипха? - ягъэщIэгъуащ и къуэшитIым. - Мэл зытхухыр мэз лъапэм къытезнати, бэгъуауэ нэху къекIащ, - жиIащ Пыжьынэ. «Ди мэлри мэз лъапэм нэху къыщедгъэкIынщи, тхуэбэгъуэнщ», - жаIэри зэшитIым я мэлыр мэз лъапэм яхуащ, мэлыр мэз лъапэм къытранэри, езыхэр къыдыхьэжащ. Нэху щырэ трагъэзэмэ - я мэлыр хьэм ишхауэ ирихьэлIащ зэшитIыр. - Пыжьынэ пцIы къытхуиупсри, ди мэлыр хьэм иригъэшхащ, - жари къыдэлъэдэжащ зэшитIыр, я шынэхъыщIэр къэпым ирадзэри ирахьэжьащ: «Псым хэддзэнщи, едгъэтхьэлэнщ», - жари. Псым нэсри, къэпыр лъэмыж дакъэм тралъхьащ, езы тIур мэзым хыхьащ: «Чы пыдупщIынщи, псым хэддзэн и пэ дубэрэжьынщ», - жари. ЗэшитIыр мэзым хыхьауэ, зы шыдыгъу къэсащ. Шыдыгъум шыбз хакIуапщIэ къихурти, шыр лъэмыжым къыхутехьакъым, лъэмыж дакъэм телъ къэпым игъащтэри. «Шыр зыгъащтэр сыт?» - жери шыдыгъур епсыхащ, лъэмыжым техьэри, къэпым щIопщымкIэ теуIуащ: - Ухэт? Усыт? - Сыщауэщ, - жиIащ Пыжьынэ. - Къэпым щхьэ уилъ-тIэ? - Срадзащи, силъщ, - къэпым къипсэлъыкIащ Пыжьынэ. - Хэт уизыдзар, сыт ущIрадзар? - игъэщIэгъуащ шыдыгъум. Пщым и пхъур къызагъэшэнущи, къахуэсшэркъым, - аращ къэпым сыщIрадзар. Къахуэзмышэмэ, саукIынущ. - Абы щхьэкIэ зебгъэукI хъурэ! Сэ сигъапщхьэ къэпым: сэ къэсшэнщ пщым и пхъур, - жиIащ шыдыгъум. Шыдыгъум къэпыщхьэр итIатэри, Пыжьынэ къригъэкIыжащ, езыр ипщхьэри: - Къэпыщхьэр пхэ, - жиIащ. - Шыр мэзым хэхуи, кIэлъыплъ. Шыдыгъур лъэмыж дакъэм къытринэри, Пыжьынэ къуажэм къыдыхьэжащ, шыр къызэщIикъуэри. Hы паупщIри, зэшитIыр мэзым къыхэкIыжащ. - Удубэрэжьынщи, псым ухэддзэнщ - аращ уэ пхуэфащэр! - Сывмыубэрэжь: сыарэзыщ: пщым и пхъур къэсшэнщ, - къипсэлъыкIащ шыдыгъур къэпым. - Пщым ипхъуми ухуейти! - жари зэшитIым шыдыгъур яубэрэжьащ, лъэмыжым ирадзыхри къежьэжащ. КъыздэкIуэжам Пыжьынэ и пщIантIэм шыбз хакIуапщIэ дэту кърихьэлIэжащ. - Шыр дэнэ къипха? - я нэр къихуащ зэшитIым. - Къыздисхар фщIэркъэ? - жиIащ Пыжьынэ. - Сывубэрэжьри лъэмыжым севдзыхащ. Ситхьэлэн фи гугъа хъунщ. Ситхьэлакъым. Псым срихьэхри ныджэм сыкъытридзэжауэ шыбзыхъуэ пщыIэ срихьэлIащ. «ХьэщIэр Тхьэм и лIыкIуэщ!» - жари сагъэтхъащ, сагъэлъэпIащ, шыбз хакIуапщIэ къызатри сыкъаутIыпщыжащ. - АтIэ, дэри дыубэрэжьи, лъэмыжым дедзых, - жаIащ зэшитIым. - ФынакIуэ! - жери Пыжьынэ и шынэхъыжьитIыр лъэмыж дакъэм ишащ, къэпым иридзэри кIуэцIикъухьащ, псым хидзэри езыр къыдыхьэжащ. ЗэшитIыр псым ирихьэхри ныджэм къытридзэжащ, шыбзыхъуи къинэмыщIи ирихьэлIакъым. ЩримыхьэлIэм, заутхыпщIыжри, я щхьэр къыфIэхуауэ къагъэзэжащ, я шынэхъыщIэм зэремыбзэджэкIыфынур къагурыIуауэ.
|