Объявления
Лучшие исполнители на CD
Image
Портал "Circassia.Ru & Adigam.com" предостовляет Вам возможность приобрести на нашем сайте номера журнала "ПСЫНЭ" и лучшие альбомы адыгских исполнителей.

Сделать заказ
 
21 мая 1864
Iэсият Версия для печати Отправить на E-mail

къэхъуам тету тхыжа хъыбар

МылъхубыниплIым хаша анэнэпIэсыр и ныбжькIэ быным я нэхъыжьым къызэрыщхьэщыкI щыIэтэкъым. Нэпс куэд щIигъэкIми, гуфIэгъуэ гуэрхэр трилъэгъуэжурэ зэманыр кIуащ. Быным я пажэ щIалэм и армэ дэкIыгъуэр къэблэгъащи, джэгушхуэ щIэту тхьэлъэ1у хуещI. «Армэр мыхъуу, къишауэ хьэгъуэл1ыгъуэ хуэтщIтэмэ ди насыпти. Илъэсищыр дауэ ирихьэкIыну си щIалэм? И пщащэ дахэри дауэ хуэсхъумэну а зэман кIыхьым?» - егупсыст Сэкинат. «И пщащэ дахэ» жыхуиIэ хъыджэбзри яхэтт ныщхьэбэ джэгур езыкъутэкIхэм. Ар пшынауэ Iэзэти, пшынэр IэщIалъхьамэ, нэкIущхьитIым кърих нурым щIыб кIыфIыр игъэнэху къыпфIэщIу къафэ дахащэм еуэрт. Ауэ а макъамэм къыхэщт гупсысэм и макъ, губампIэм и ежьу. И ныбжьэгъу хъыджэбзхэм зэзэмызэ ядэдыхьэшхми, япэм иIа макъ жьгъыру дахэр иIэжтэкъым Iэсият. ЗыхищIэрт армэм иригъажьэ щIалэм ар тыншу зэрыхуэмызэжынур. И щхьэратэкъым зыщышынэр. И щхьэм ещхьыркъабзэу, и псэм фIэ1эфIми дзыхь хуищIт. НэгъуэщIт абы и гур хэзыгъэщIыр, зэгуэр и анэм къыжьэдэхуа псалъэхэрт: «Уи гущхьи къыумыгъэкIыт анэнэпIэс гуащэ зыхуэпщ1ыну».
УвыIэпIэ зимыIэ зэманыр и гъуэгу техьэжащ – иухащ джэгур. Куэбжэм къыщысхэм зы тэлайкIэ къыпэплъэну пщащэм елъэIури, Ахьмэд пщэфIапIэмкIэ щIэлъэдащ. Iэсият куэбжэм къыдэкIри гъунэгъу дыдэу къызэтеувыIащ.
- НакIуэ, ди анэ, умыукIытэ. Ар нобэ зэфIэзгъэкIмэ, а сыздэкIуэм си гур нэхъ щыпыIэнущ, - Ахьмэд и псалъэхэр Iэсият IупщIу зэхихащ.
Зэм IэлъэщIым дэпхъуейуэ, зэми и кIэпхыныр къришэкI-ныришэкIыу, Ахьмэд и анэр къыдэкIащ. А сыхьэтым Iэсият и щхьэм дэжея лъы пщтырым и тхьэкIумэр Iуиубыдащ, и нэхэм пшагъуэ къытрихьащ.
- Ди анэ, мыр Iэсиятщ. Сыхуейщ гъуэгуанэ сытемыхьэ щIыкIэ фызэрызгъэцIхуну. Хэт ищIэрэ, зыгуэр къэхъу хъумэ, фызэрыщIэнщ… - Ахьмэд и псалъэхэм цIыхубзитIри Iэнкун ищIами, IэплIэ зэрашэкIащ.
- Си гуапэщ, Iэсият, мыпхуэдэу гъунэгъуу узэрысцIыхуар. Уэ, Ахьмэд, уигу умыгъэныкъуэ. Илъэсищыр нобэ хуэдэу блэжынщи, къэбгъэзэжынщ.
УкIытэр зыщыгъупщэжа щIалэм мы дакъикъэм зыхуей дыдэ псалъэхэр зэхихати, и анэм IэплIэ хуищIри:
- Аркъудейщ сызыхуейр, ди анэ. Мыдэ мыр ядеж нэзгъэсыжынщи, къэзгъэзэжынщ, - жиIэри кIыфIым хэкIуэдащ.
Куэд дыдэкIэ пэмыжыжьэу псэу пщащэм и уэрамыр къыщыблагъэм, Ахьмэд Iэсият къызэтригъэувыIащ. ИщIэрт абы  пщэдеймышкIэ щежьэкIэ зэрыхуэмызэжыфынур.
- Iэсият, сыхуейкъым тхьэгъэпцI иужькIэ дыхъужыну нобэ тхьэ зэхуэтIуэну. СыздэкIуэм зэман кIыхькIэ сыщыIэнущ, сызыIууэнури Тхьэм ещIэ. Ауэ зыгуэркIэ сынолъэIунущи, къысхуэщIэ. Ныщхьэбэ ди анэр щIозгъэцIыхуари аркъудейщ. Ар анэнэпIэсщи къытхуэткIийуэ, ди жагъуэ къищIу, анэ пэлъытэ зэи къытхуэмыхъуфу я гугъэщ цIыхухэм. Ауэ сэ сысабийжкъым. Сыхуейкъым дунейм ехыжа си анэ тхьэмыщкIэм сегуэуэну, ауэ уи фIэщ щIы, и бын щхьэкIэ и псэ итыну хьэзыру мы жылэм зы анэ дэсмэ, сэ щхьэкIэ абыи ар зэрищIэфынур. ЩыIащ зэзэмызи и Iэ къыщыттехуаи, и кIий макъ щызэхэтхаи, ауэ ардыдэр къалъос езым къилъхуа и бынхэми. Зы ани щыIэкъым апхуэмыдэу. КъинэмыщIауэ, ди ныбэкIи, ди щыгъынкIи хэт и анэ нэхъри нэхъ хуэмыхуакъым.
АтIэ, сэ сынызэролъэIунуращи, зыгуэркIэ ухуэмейуэ уэ нэгъуэщI псэлъыхъу къыпхуэхъумэ, абы уратыну фи дежхэр къоныкъуэкъун щIадзэмэ, псынщIэ дыдэу ди анэм хъыбар егъащIэ. Iэмал гуэр къигъуэтынщ абы.
Iэсият а псалъэхэм пидзыжынур щэрэ-минрэу игу къизэрыхьат, ауэ, Ахьмэди зэрыжиIауэ, хуейтэкъым Тхьэ иIуэнуи, кIэщIу жэуап иритащ. «Укъызогъэгугъэ уи псэм фIэфIу пщIа унафэр сыт къэмыхъуами згъэзэщIэну».
Сыту къаруушхуэ къыпхилъхьэрэ лъагъуныгъэ куум, къабзэм. И блыпкъитIыр быдэу зэщIиубыдэри, щхьэц хъурыфэ дахэм къыхэщ нэгум нэхъуеиншэу Ахьмэд иплъащ. Абы щабэу ба хуищIащ Iэсият и натIэ хужьым. И блыпкъыр иутIыпщыжри, и набдзэ къурашитIым и Iэр иригъэжащ, и пэ дахэр тIэкIу трипIытIэ хуэдэу ищIри, и Iупэ плъыжьыр IэпхъуамбитIымкIэ мащIэу трикъузащ.
- ФIыкIэ, Iэсият!
- Гъуэгу махуэ, Ахьмэд, - нэхъыбэ дыщIамыгъуу пщащэм и унэм хуиунэтIащ, щIалэр и гъуэгу теувэжащ.
…«Зы письмо къитхамэ, и пIэ изэгъауэ къэтщIамэ, зэманыр нэхъ псынщIэ тщыхъунт», жиIэурэ махуэ ебгъуанэм «Мыпхуэдэ щIыпIэм дыкъэсащ, ауэ иджыри дызэбграшыжыну жаIэ», - иту письмо къыIэрыхьащ. ЗэрыжиIа дыдэм хуэдэу, унагъуэм я псэр тыншыжащ, ауэ Сэкинат къыпэщытт нэгъуэщI зы Iуэхугъуи – письмор Iэсият Iэригъэхьэн хуейт. Иджыпстущ къыщыгурыIуар мы щэхум абы зыгуэр щыгъуазэ ищIу зыдимыгъэIэпыкъумэ, зыри къызэримыкIынур. ПщIантIэм дэт цIыкIухэм яхэплъэри, езым и къуэ нэхъыжьым деж и гур жащ: «Болэт и бзэр быдэщ, езыр зэпIэзэрытщ. ТIэкIу ткIийуэ сепсалъэрэ Iуэхур зытетыр къыгурызгъаIуэмэ, зыми хуиIуэтэнкъым». ЗэрыжиIам тету зэпсэлъылIа щIалэ цIыкIур, лIыжьым хуэдэу, и щхьэр егухауэ и анэм едаIуэри: «Хъунщ, мамэ, сысабиижкъым, псори къызгурыIуащ, апхуэдизрэ къытомыгъэзэжми», - жиIащ абы. Сэкинат и щхьэгъусэр лэжьапIэ щыIэрт, ар къэкIуэжмэ, и къуэм и письмом къеджэну къызэрилъыхъуэнум шэч хэлътэкъыми, унафэ ящIащ Болэт иджыпсту и адэм ар хуихьу гуфIапщIэ тIэкIуи зыIэригъэхьэну. ЗэрыжаIам тету, письмори хуихьащ, гуфIапщIэу тумэнышхуэри къилэжьри щIалэ цIыкIур къэкIуэжащ. Иджы пщыхьэщхьэхуэкIуэу ар Iэсият хуэзэн хуейт.
Болэт ищIэрт Iэсият зэрыхуэзэн Iэмал. Абы мызэмытIэу илъэгъуат ар псыхьэ зэрыкIуэ гъуэгур.
ЗыхуэкIуэ лъагъуэм нэсатэкъым хъыджэбз гупышхуэм яхэту Iэсият Болэт къыщилъэгъуам, «Зыхуэзгъэзэну сыкъызэрыкIуар наIуэ дыдэ сщIынкъым», - жиIэри тIэкIу нэхъ хуэм зищIащ. Ауэ абы жыжьэу гу къылъызыта Iэсият и псэм къищIат зы хъыбар гуэр а щIалэ цIыкIум къызэрыхуихьыр. Хъыджэбз губзыгъэм зыкъегъэщIэни хуемейуэ, езым къыгурыIуауэ:
- А, Болэт, дауэ фыщыт? Сыту фIыт си тхылъыр къызэрысхуэпхьыжар. Сэ езым зыгуэр нэсIуэхуну си мурадати, си япэ укъищащ. КхъыIэ, къомыхьэлъэкIмэ, псы къыдэсхыху схуэIыгъ», къыжриIащ.
- Уэлэхьи, ухуеймэ, псыр къыпхудэсхынмэ е унэм нэс тхылъыр ныпхуэсхьыжынмэ. Дапхуэдэу нэхъ къапщтэрэ?
Хъыджэбзым псынщIэ дыдэу и щхьэм къизэрыхьащ нэхъыфI зэрыхъунур. Мы гупыр зэрызехьэу псым дыхьэу къыдэкIыжыху, зы тхылъ псо уеджэфынути, Болэт псыхьэ дигъэхьэри, езыр письмом къеджащ. Зы псалъэкIи ар къыхэщтэкъым Ахьмэд къитха мащIэм, ауэ гурэ-псэкIэ ищIэрт мыбы ит дэтхэнэ зы хьэрфри езым къызэрыхуэгъэзар. Лъагъуныгъэ письмо къеджэу фIэкI умыщIэну, зыбжанэрэ къытригъэзэжащ. Iэсият письмор плIащIэу зэкIуэцIилъхьэжри, зы фIыгъуэ гуэр дуней псом ящигъэпщкIу къыпфIигъэщIу, мывэшхуэм кIэщIилъхьащ. Шэч хэлътэкъым ар Болэт къызэригъуэтыжынум. Зи псэр тыншыжа пщащэр хуиту бауэри, кхъажапщэмкIэ, и псэм фIэIэфIым и хьэблэмкIэ, плъащ. И ныбжьэгъухэр къежьэжауэ щилъагъум, тхылъым еджэ хуэдэу, ауэ зы хьэрф имылъагъуу мывэжьым тетIысхьэжащ.
- Тхылъым укIэрыкIауэ тлъэгъуащэрэт уэ еджагъэшхуэр, - ауан щIэлъу хэдыхьэшхыкIащ бгым ешауэ къыдэкIыжа хъыджэбзхэм я зыр.
- Тхылъ уеджэху псы пэгунитIыр къыпхурагъэувэхыжу хъэрзынэкъэ, - жиIэри Iэсият гуапэу къыпыгуфIыкIащ.
- Пщыкъуэ зимыIэм сытыр и махуэ, - гушыIэурэ ежьэжащ хъыджэбзхэр, Iэсият «мывэ» псалъэм фIэкI къыжьэдэмыкIыу нэкIэ щIалэм къыгуригъэIуащ тхылъым письмор зэрыдэмылъыжыр. Болэт пхъэхьыр хуэмыгъэIэкIуэлъакIуэ хуэдэу зищIыурэ зиIэжьэри, Iэсият жриIащ:
- ДяпэкIэ абдеж къыщылъыхъуэ письмохэр.
Махуэ зытхух нэхъ дэмыкIыу, Ахьмэд и етIуанэ письмор къэсащ. Абы дэлът Iэсият хуэгъэза тхыгъэри. Унагъуэм щIэсхэм быдэу унафэ яхуищIауэ, Сэкинат щIэмысу зы письмои зэтрачыртэкъым.
«Болэт-пощтзехьэ» къэсыху нэхъ дэмыкIыу письмор мывэ щIагъэм къыщигъэхутэрт. Махуэ къэс тIэу-щэ псыхьэ кIуэ хъыджэбзым, щизакъуэ дакъикъэхэм письмор къищтэрт. И нэхъыбэм Болэт письмор ихъумэрт, зыгуэркIэ нэху къытещхьэмэ, уэшх тешхэмэ, жиIэу. Илъэсрэ мазиплIым зэ закъуи апхуэдэ къэхъуакъым. Илъэсрэ мазэ етхуанэм хыхьауэ къэкIуащ Сэкинат зыщышынэ хъыбарыр. Къуажэм дэз хъуат Дэзэчхэ я пхъур лIы ирату.
- ПIалъэ зэратащ. ЛъэныкъуитIри арэзы техъуащ, - жаIэрт.
Анэмэт къыхуащIа хъыджэбзыр нэгъуэщIым зэрыIэщIалъхьэр къэзыщIа цIыхубзыр кIэрэхъуащ.
Иджыри къэс и щхьэгъусэм щихъума щэхур икIэщIыпIэкIэ имыIуатэу хъунутэкъыми, къэкIуэжыным пэмыплъэу и лэжьапIэм Болэт игъэжащ.
Нэсауэ пIэрэ жыпIэну тIури къэсыжащ. Зыри зэран къахуимыгъэхъуну Болэт унафэ хуащIри, унэбжэм адэкIэ къагъэуващ.
И нэпсхэр зыхуэмыубыда фызым зызэпилъэщIыхьыжри, Iуэхур зэрекIуэкIа псори и щхьэгъусэм хуиIуэтэжащ. «Дауэ тщIыми, щIалэр къэдмышэжу хъунукъым», - жиIэри Сэкинат иухащ и псалъэр.
- Дегъэгупсыс, дауэ ар тлъэкIынуми. Сэри нэхъыжьхэм сечэнджэщынщ. Мы зи гугъу пщIыхэм я Iуэхур хэплъэгъуэщ. Ауэ псом япэ Болэт хъыджэбзым хуэгъази, и гум илъыр къегъащIэ. Сэ сщIэрэ, зыгуэркIэ пщащэр япэм иIа лъагъуныгъэм хущIегъуэжамэ, иджы къылъыхъум дэкIуэну арэзы техъуамэ, мыхьэнэ иIэкъым абы нэс Ахьмэд къэдджэжкIэ. Ар псом нэхърэ нэхъапэщи, иджыпсту Болэт гъакIуи, Iуэхум теухуауэ зыгуэр къегъащIэ.
И адэр унэм къызэрыщIэкIыжыу, Болэт и анэм деж щIэлъэдащ. Сымаджэу зытезыгъэIукIыну пылъа Сэкинат пэж дыдэу зыкъыхуэмыIэтыжу пIэм къинащ.
- Болэт, икIэщIыпIэкIэ Iэсият зыхуэбгъазэу Iуэхум и пэжыпIэр къыумыщIэу хъунукъым. Сэ си фIэщ закъуэ хъунукъым ар хуейуэ нэгъуэщIым дэкIуэну. КIуэ, си псэ, зыгуэрурэ къащIэ абы и мурадыр. ЖеIэ, Ахьмэд хуеиххэу щытмэ, икIэщIыпIэкIэ армэм къитшыжу а тIур зы тщIыну дызэрыхэтыр.
Анэм и псалъэхэр жыIэн иухатэкъым щIалэр а Iуэхум яужь щихьам. Iэсиятхэ я гъунэгъуу псэу и ныбжьэгъур дэIэпыкъуэгъу къыхуэхъуфынут. НапIэзыпIэм ар Заурбийхэ я пщIантIэм дыхьащ. И ныбжьэгъум псалъэ быдэ къыIихри, псори хуиIуэтащ. Ари щIалэ хъарзынэ цIыкIути, сэбэп зэрыхъуным яужь иту, псынщIэ дыдэу я гъунэгъумкIэ екIуэкIащ, Болэт и тхыгъэр Iэсият хуригъэтхри.
ЗдэкIуа пщIантIэм дэс хьэ бацэжьым зыкъигъэхъеиххакъым Заурбий щыдыхьэм. Ар абыхэ махуэм къриубыдэу щэ-плIэ щекIуэкI щыIэт, ауэ иджыпсту щIэкIуам шэч къытрамыхьэн щхьэкIэ, къилъыхъуэр я щIалэрауэ къафIигъэщIыну, абы и цIэмкIэ джащ, бжэщхьэIум деж къыщызэтеувыIэри.
- КъакIуэ, Заурбий, Алыхь мыпхуэдэ зэманым ар зэи унэм щумыгъуэтыну. Дунейм темыт абы и лъэужь къэзыгъуэтын, а къэкIухьлъакъуэжьым. Iэсиятрэ сэрэ фIэкIа зыри щIэскъым, сэри нэмэзлыкъым сытеувэну зызогъэхьэзырри, кIуэ, хъыджэбзым къеджэ. ХадэмкIэ итщи, узыхуейр абы къыпхуищIэнщ.
ЦIыхубзыр унэм щIыхьэжащ, Заурбий хадэмкIэ иунэтIащ. ИщIэри къыпхуэмыщIэу Iэсият хадэм къикIукI-никIукIыу итт. Хадэбжэ кIыргъ макъыр зэрызэхихыу, и гур къихуным хуэдэу гужьеяуэ, пщащэр Заурбий къеплъащ. Зы псалъи къыжьэдэмыкIыфу, и нэпситIыр, псыIэрышэу, къелъэлъэхащ.
- СощIэ, Iэсият, псори сощIэ. Болэт иджыпсту дыдэ щыгъуазэ сищIащ Ахьмэдрэ уэрэ фи Iуэхум. Ауэ ажалым фIэкIа Iэмал зимыIэ щыIэкъым – зыгуэр къагупсысынщ фIыуэ плъагъум и унагъуэм. Мис, къеджэ мы Болэт къыпхуитхами, жэуапыр икIэщIыпIэкIэ яIэрызгъэгъэхьэж.
Iэсият ихъуреягъкIэ зиплъыхьри, тхылъымпIэ кIапэ цIыкIум къеджэн щIидзащ. Нэм къыщIэзэрыхьа нэпсыр IэщIыбкIэ щIилъэщIыкIыурэ, псынщIэ дыдэу и щхьэр къригъэзэкIри:
- Сыхуей дэнэ къэгъэна, сашэми, зы махуэ сыпсэунукъым, ауэ я лэгъунэм сынэмысынырщ си мурадыр. Ахьмэд щымыIэми, и лэгъунэм сыкIуэнти сыщIэтIысхьэнт, сыщIашамэ, - къыжьэдэхуащ Iэсият.
- Мис а иужь жыпIа псалъэхэрщ зэжьэр Ахьмэд и унагъуэр. Сэ ахэр фIы дыдэу соцIыху. Мы дунейм зы Iэмал щыIэжмэ, абыхэм я къуэр икIэщIыпIэкIэ къашэжынщ. Уэ зэгурыIуэ унагъуитIым я унафэм зыкIи упэщIэмыувэ, ауэ я пIалъэр зэрагъэкIуэтэным яужь ит. Хъунщ, Iэсият, сыкIуэжынщ, армыхъумэ уи анэми шэч ищIынщ, модэкIи зэрыунагъуэу Болэт къожьэри зэхэсщ.
- Упсэу, Заурбий, игъащ1эк1э си гугъэнтэкъым си щэху схуэ1уэтэну. Ауэ гузэвэгъуэм уимыгъащ1э щы1экъым.
Жэуапым пэплъэ Болэт и ныбжьэгъум къыжри1эжам нэхъыщхьэр, 1эсият и къуэшым къызэрыщ1эхъуэпсыр, къыхиубыдык1ауэ я унэм дэжеижри, къежьэу щыс и адэ-анэм псори яхуи1уэтэжащ.
Пщэдджыжь пасэм ф1амыгъэк1ыу Ахьмэд и адэмрэ адэ къуэшымрэ военкоматым къыщыхутащ. Щ1алэр къраджэжыну псалъэ быдэ къыщратым, къуажэм къагъэзэжащ, ягу зэгъауэ.
Махуэ ебланэм Ахьмэд пщ1ант1эм къыдыхьэжащ.
- Сыт, ди анэ, дауэ фыщыт? Уэлэхьи, сыкъыздэк1уэжыр сымылъагъуу сыкъэсыжам. Ауэ гъуэгум сызыхуэзахэм зыри къысхуэгузавэу, нэщхъеягъуэ хэлъу къызэпсэлъыл1атэкъыми, си гур нэхъ къызэрыгъуэтыжауэ пщ1ант1эм сыкъыдыхьэжащ. Сытым къывигъэгупсыса сыкъыщ1агъэк1уэжын хуей щхьэусыгъуэр?
- Тхьэ, уи псэм ищ1ам хуэдэу, къэхъуам а узыщышынауэ щытар. 1эсият лъыхъу и1эщ, мазэм нэсауэ п1алъэ къратауэ унагъуит1ми загъэхьэзыр. Дэ къызэрытщ1эу щыгъуазэ зытщ1ри, укъедджэжащ. Иджы ик1эщ1ып1эк1э фэ т1ум фи 1уэхур зыхуей хуэвмыгъэзэжмэ, дэ зырихэтлъхьэжыфынукъым. Дэ дызэреплъымк1э, къодгъашэу хьэгъуэл1ыгъуэр зэф1эк1мэ, дзэм бгъэзэжынращ хэк1ып1эр.
- Феуэ, ди анэ, зывгъэхьэзыр, 1эсият ныщхьэбэ мы унагъуэм къыфхыхьэнущ.
К1эрэхъуа Сэкинат зыкъищ1эжри и бын нэхъыжьхэм 1уэхухэр ятригуэшащ.
Гухэлъ къабзэ, быдэ зи1эм Алыхьри и дэ1эпыкъуэгъущ жыхуа1эр пэжти, Ахьмэд пщ1ант1эм къыдыхьэжри, сыхьэт зыбжанэ нэхъ дэмык1ыу, 1эсият хуэзэну къехъул1ащ. Хэгъэзыхьи, жы1э леи хэмыту, пщащэр арэзы техъуащ ф1ыуэ илъагъум и мурадым. Ахьмэд и ныбжьэгъухэри арыххэт зыпэплъэри, ф1ыуэ зэрылъагъуит1ыр зы машинэм ису, мыдрейхэр яужь иту къуажапщэмк1э яунэт1ащ.
Ар зы 1уэхути зэф1эк1ат, ауэ хъыджэбзым и деж къик1ыну пхъэрыр къазэрыхущ1эк1ынур хэт ищ1эн.
Хабзэм тету пщащэм и унагъуэм джак1уэ ягъэк1уащ. К1уахэми, лъэпкъым щыщу зэхуэсахэми псэлъап1э езымыт 1эсият и анэр хьэлыншэт, емык1у куэд зыпылъ псалъэ къипсэлъу. Ауэ ар зи емык1ужыр езы ц1ыхубзырати, джак1уэ к1уахэм къагъэзэжащ. Гузэвэгъуэм зэщ1ищта лъэпкъыр къик1ук1-ник1ук1ыу пщ1ант1эм пщ1ант1эм къыдэзэрыхьат, пхъэрым пэплъэу. Абы хэту зэжьэхэри къэсащ. Нысащ1эм деж щ1эсхэр къыщ1эк1ащ. Къэк1уахэм яхэтт 1эсият и анэ дэлъху. Псоми япэ иту пэшым щ1ыхьа л1ым зы псалъи жимы1эу хъыджэбзым и тхьэк1умэм зэрылъэк1к1э еуащ. А удыным апхуэдизк1э и къарур хилъхьати, пщащэр блынджабэм к1эридзащ. Ар зылъэгъуахэр лэгъунэм зэрыщ1эгуащ, зэрызехьэшхуи къэхъеящ. Лъэпкъит1ыр 1эпщэрыбанэу зэпэщ1эуващ.
Благъэ зэхуэхъунухэм яку къыдэхъуар щ1агъуэтэкъым, ауэ къэк1уахэм хабзи-бзыпхъи ямыщ1эжым хуэдэт. Игъащ1эк1э зыкъамыщ1эжыным хуэдэу защ1т, псом хуэмыдэу и анэ дэлъхум. Дахэ зыхэмызагъэхэр блыпкък1э пэшым къыщ1агъэувык1ащ. Къэк1уахэм хъыджэбзыр зэрыщ1ашыжын 1уэхут зэрахуэр. Абы хэту зыгуэрым игу къэк1ащ: «Мыпхуэдизу зызыщ1хэм, уэлэхьи, 1эсият къыщ1амынэну. Пщащэр зыгуэрурэ унэм къыщ1ашу нэгъуэщ1 щ1ып1э щагъэпщк1уамэ нэхъыф1т. Ауэрэ, зэман дэк1мэ, зыкъащ1эжынщи, лъэпкъит1ыр зэгуэры1уэжынщ». Шыгъуэгу щхьэгъубжэмк1э нысащ1эр дагъэк1уэсык1ыну зэгуры1уащ – бжэмк1э пхъэрыр щытт. Зэрыжа1ам хуэдэу, хадэмк1э хуэгъэза щхьэгъубжэмк1э нысащ1эр щ1ашри, Ахьмэдрэ Болэтрэ хадэ защ1эк1э псыхъуэм хуаунэт1ащ. Ахьмэд занщ1эу и щхьэм къизэрыхьыжащ сабиигъуэми, нэхъ иужьы1уэк1и джэгуак1уэ здэк1уэу щыта бгъуэнщ1агъышхуэр ик1и Ахьмэд и пщащэр «мывэ лэгъунэм» щ1ишащ.
Гузэвэгъуэм ирихужьа ныбжьыщ1ит1ым я ужь итурэ к1уа Болэт щ1ып1эр зригъэлъагъури, я унэм къек1уэл1эжащ. Пщ1ант1эм ц1ыхур дэзт, ауэ 1эсиятхэ ящыщ абыхэм яхэтыжтэкъым. К1уэжахэм я ужь иджыри л1ык1уэ къызэрырик1уэнум шэч лъэпкъ къытезымыхьэ лъэпкъыр зэхэтт.
Болэт и анэм хуи1уэтащ 1эсиятрэ Ахьмэдрэ къыщызэтеувы1а щ1ып1эр гъэпщк1уауэ, Сэкинат езым я лъэпкъым щыщхэми дзыхь яхуимыщ1у, хьэпшып гуэрхэр Болэт 1эщ1илъхьэри хадэ защ1эк1э к1уэц1ригъэхащ.
Болэт здэк1уам нэсагъэнтэкъым ц1ыху гупышхуэ зэрыгъэхъуа пхъэрым къыщигъэзэжам. Жа1эри ящ1эри зэхэзымыщ1ык1ыж ц1ыхухъухэм уни, гъэт1ылъып1и, хади къагъэнакъым къамыплъыхьа. К1эщ1у жып1эмэ, нэху щыху къанэ щымы1эу лъэпкъри хьэблэри зэщ1агъэхьащ, ауэ техьакъым ныбжьыщ1ит1ым я лъагъуэм.
Болэт къахуихьа уэншэкумрэ джэдыгу хуабэхэмрэ псы уэрым къыхих жьы щ1ы1эм мащ1эу щихъумэу нэху ягъэщащ 1эсиятрэ Ахьмэдрэ. Нэху щыху зэхуа1уэтэн ягъуэтащ абыхэм. Мы щ1ып1эм къэзыхьа гуныкъуэгъуэр ящыгъупщэжырти, нэхъыбэм зытепсэлъыхьыр абыхэм я гъащ1эр зэрыхъунырт. А т1ум яку къыдыхьэфын ц1ыху дуней псом зэрытемытырт.
Жеиншэу жэщ к1ыхьыр зыгъэк1уа ныбжьыщ1ит1ыр дыгъэ бзий гуак1уэм мащ1эу игъэхуэбэжа «пэшым» щыгъуэлъыжащ. «Т1эк1у зыдгъэпсэхунщ», жа1эу зрагъэщ1а щхьэк1э, жей 1эф1ым хилъафэри, псы 1эуэлъауэм гукъеуэу я1эри ящхьэщихауэ, пщ1ыхь дахэм къыхэхутахэщ. Сыту ф1ыгъуэшхуэт а я пщ1ыхьыр нэхуап1э яхуэхъужамэ. А т1ур къыщызэщыуам шэджагъуэ нэблэгъат, мэжэл1ат, «мывэ щхьэнтэм» я щхьэр игъэузат.
Махуэр к1уащ уэгум щыуфэразэ бзухэм къинэмыщ1а, псэ зы1ут къа1эщ1эмылъагъуэу. Ауэ мы зы жэщ-зы махуэм къриубыдэу абыхэм «ныбжьэгъу къахуэхъуат псы уэрыр. Игъащ1э лъандэрэ къадэгъуэгурык1уа, зи псы 1эф1к1э яп1а ныбжьыщ1ит1ым ар нобэ губамп1эдэх яхуэхъуат, макъыр яхуэхъуат «уэредадэ» пэлъытэ, и псы къабзэр – псэхэлъхьэж.
Зэрыгугъауи, Болэт пшапэр зэрызэхэуэу къэсащ, шхын хуабэрэ щыгъынрэ къахуихьри. Абы къахуи1уэтащ иджыри лъэпкъит1ыр зэрызэгурымы1уар. Псоми зэран къахуэхъур 1эсият и анэ Хьэк1улинэрэ абы и дэлъху нэхъыщ1эмрэт. Унагъуэм ис ц1ыхухъухэми, лъэпкъым щыщ дэтхэнэ зыми я псалъэ а т1ум зэхахтэкъым. Ерыщу: «Къэвгъуэт, къэфшэж!» - жа1э ф1эк1а, зыри яхэзагъэртэкъым. Унагъуэм щек1уэк1 хьэргъэшыргъэр зыужэгъуа лъэпкъым я нэхъыжьми: «Си жы1эр зыри щимыуасэк1э, фи щхьэр зэрыхьщ», - къаридзри екъури ежьэжащ.
Псори зэманым зэригъэзэхуэжынщ, гугъэм тету заущэхужауэ, мыарэзит1ым зыпэщ1амыгъэхуащэу ек1уэк1т. Ауэрэ жэщищ-махуищыр к1уащ. Ик1эм-ик1эжым анэри нэхъ увы1эжащ. Анэ дэлъху хьэлыншэми лъэпкъым щыщхэм ира1уэк1ащ мы 1уэхум зы к1э гуэр и1эн зэрыхуейр. Унафэ ящ1ащ нэчыхьытхыр лъэпкъым я нэхъыжьым деж дагъэк1ыу ягъэк1уэну, абы деж къыщахьа емык1ури абык1э япшыныжыну. Ящ1а унафэр хъыджэбзыр зыша лъэпкъым щ1эх дыдэу 1эрагъэхьэжащ.
Гуф1эгъуэ хъыбарыр зылъэ1эса щ1алэмрэ хъыджэбзымрэ, сыт хуэдэу щытми, пщыхьэщхьэр хэк1уэтэху унэм мык1уэжыну мурад ящ1ати, пшапэр зэрызэхэуэу, щхьэж къыхуэщтэр къищтэри хуэмурэ псыхъуэм дэтурэ къежьэжащ.
Хадэ к1уэц1 защ1эк1э, Болэт пхиша лъагъуэм тету, к1ыф1и къатехъуауэ я унэм къэсыжащ. Гуф1эгъуэшхуэт ар унагъуэм дежк1э.
А пщыхьэщхьэм щ1адзэу яубла хьэгъуэл1ыгъуэр ек1уэк1ащ тхьэмахуэ енк1э.
Ауэрэ, къэблэгъащ Ахьмэд дзэм щигъэзэжыну махуэри.
Дзэм к1уэжар нэсыжа-нэмысыжа жып1эну, 1эсият и анэм ц1ыхубзит1 къигъэк1уащ: «Тшэжынурэ т1эк1у щыдгъэ1энущ», - жа1эу. Апхуэдэ хабзэт, нысащ1эр и дыщ егъэшэжын зэрыхуейр Сэкинати ф1ы дыдэу ищ1эрт. Ауэ абы иджыри зэман зыбжанэк1э пэплъэну мурад ящ1ауэ щытти, хъыджэбзым и лъэныкъуэк1э къэк1уахэм я гъусэу и нысэр игъэк1уэжыну т1эк1уи къримыгъэк1уу, япэщ1эувэни ф1эмыкъабылу утыку къинащ. 1уэхур зытетыр зыхуи1уэта и щхьэгъусэми ардыдэт и еплъык1эри, арэзы техъуащ ягъэк1уэжыну, унагъуэм щыщ зыгуэри гъусэ хуащ1у яут1ыпщыну.
Махуэри, махуищри, тхьэмахуэри к1уащ. «Фык1уи флъагъу,» - жи1эри щ1алэмрэ хъыджэбзымрэ зэ игъак1уэри яригъэлъэгъуащ. «Сынашэжыну жа1ащ мыбыхэм», - жи1а ф1эк1а 1эсият шынагъэ зыхэлъ лъэпкъ къахуи1уэтакъым.
1эсият дыщым зэрыщы1эрэ тхьэмахуэ ет1уанэм хыхьат. Зэ зыгуэр сымаджэщ, зэ 1уэху гуэр кърахьэжьащ – абы къыф1эмык1ыурэ к1ыхь-л1ыхь защ1ауэ нысащ1эр къашэжтэкъым. Нэхъыжь унафэк1э ф1эк1а 1уэхур зэрызэф1эмык1ынур гуры1уэгъуэ щыхъум, лъэпкъыр зэхуэсри унафэ ящ1ащ, езыхэм я бзаджагъэр къагъэсэбэпу, сымаджагъэк1э унагъуэм гузэвэгъуэ илъу жра1эу нысащ1эр къашэжыну. «Нобэк1и пщэдейк1и зывмыгъэхъей. Дэ гупыр мыбы дызэрыщы1амк1э шэч ящ1ынущ. Ауэ махуэ зы т1ук1э щ1эупщ1ак1уэ дыкъак1уэ хуэдэурэ дыкъыдыхьэнщ, хъыбари дгъэ1унщ ди къуэшыр шым къехуэхыу удынышхуэ игъуэтауэ», - къагъуэтащ 1эмал хъарзынэ нэхъыжьхэм.
- Зэрыжа1ам тету, хъыбарыр 1эсиятхэ я дежи 1уащ. Ауэ ц1ыхугъэ зыхэмылъым сыт хуэдэ хабзэри и 1умпэмти, зык1и и мурадым тек1ыну зигъэхьэзыртэкъым нысащ1эм и анэм.
Зэрыжа1ам тету, нэхъ зэп1эзэрыт щ1алэрэ нысащ1эрэ ягъэк1уащ, зыри къэмыхъуам ещхьу. «Т1эк1у дыкъемып1эщ1эк1ыу хъуакъым, 1эмал и1эмэ, нысащ1эр тшэжыну дыхуейт, и тхьэмадэр шым къехуэхащи. Иужьы1уэк1и щ1эх-щ1эхыурэ къэдгъэк1уэжынщ», - жа1ащ.
1эсият и анэм ищ1энур имыщ1эу «Тхьэ пэжым а жыхуэф1эр. Дэри зы 1уэху гуэрхэм къыхэк1к1э зыт1эжьащ», - абы къыф1имыгъэк1ыу унэм щ1эк1ыжащ. Нысащ1эм нап1эзып1эм зихуэпэжати, ефи-ешхи хэмыту, к1уахэм псынщ1э дыдэу къагъэзэжащ.
Гъуэгу здытетым 1эсият хуа1уэтэжащ и анэм и мурадым гъэпц1агъэк1э ф1эк1а зэрыпэщ1эмыувэфар.
- Тхьэ, папэ, 1ей дыдэу сыгузавэтэмэ уэ щхьэк1э, ауэ иджы си гур зэгъэжащ, - жри1ащ абы тхьэмадэм сэлам зэрырихыу.
- Уэлэхьи, 1эмалыншагъэм пц1ы гъуэгум дытригъэувам, дахэ. Уэри къытхуэбгъэгъунщ, ауэ уи анэм узэрыдыдейр хьэкъыу пхык1ыху апхуэдэ гуэрхэр къэдмыгъэсэбэпу хъуну къыщ1эк1ынкъым.
Мы унагъуэм 1эсият къазэрыхыхьэрэ мазэ ет1уанэр ек1уэк1ырт. Зэри1уэтэнури зыхуи1уэтэнури къыхуэмыщ1эу зы щэху и гум щызэрихьэрти, ар пэплъэрт Ахьмэд хуитха письмом и жэуапым къыщысыжынум. Езыми зэригугъауэ, абы къыхуитхыжащ и щэхур ик1эщ1ып1эк1э и анэм хуи1уэтэну.
Ф1ыуэ зэрылъагъуит1ым япэ къуэрылъхур тыгъэ къызэрыхуащ1ынур къэзыщ1а гуащэм дунейр хурикъужтэкъым. Ик1эщ1ып1эк1э щ1ап1э къыху1ахыу, унэ къызыхащ1ык1ыну чырбышри ягъэжауэ Ахьмэд къызэрагъэк1уэжыным и 1уэхум нэхъ псынщ1эжу яужь ихьащ унагъуэр.
1ейк1и ф1ык1и зыри и пхъум  теухуауэ зэхэзымых 1эсият я анэр тепы1эртэкъым. Иджы зыри къимыгъак1уэу къахуи1уэхуащ и пхъум 1уэхук1э зэрыхуейр.
Зи гум ф1ы лъэпкъ щымыщ1э зэнысэзэгуащэм зы гуныкъуэгъуэ я1э хъуащ. «Зэрыхъу хъунщ. 1эмал зимы1э щы1экъым», жа1эри, аргуэрыжьти, иригъэшэжащ нысащ1эр.
Мы зэм зэмани димыгъэк1ыу къахуи1уэхуащ: «Фи къуэр къэсыжыху фыкъыщ1эмыупщ1э, лъагъунлъагъуи зы ц1ыху фыкъы1умыхьэ, щхъухь къысхуэфхьу. Сэ си пхъур фи унэ1уту куэдщ зэрыщытар, фи сымаджэри зефхьэж, фи сабийми фык1элъыплъыж».
Япэм зыхуек1уа 1эмалхэмк1э зыри зэрумылэжьыфынур къызыгуры1уа унагъуэр аргуэрыжьу гузэвэгъуэм хэхуащ. Ауэ иджы 1эсият нэгъуэщ1ым дагъэк1уэну зэрахузэф1эмык1ынур я гурыф1эгъуэт. Иужьк1э, нысащ1эм и 1уэхур зытетыр, бын зэри1энур къыщищ1эм, езы и анэ дыдэм къригъэшэжащ, унагъуэм яхэсу сабийр дунейм къыщытехьэмэ зэрынэхъ емык1уншэр къыгуры1уэжри.
Сыт хуэдизк1и лэжьыгъэ хьэлъэм пэ1эщ1э ящ1у, щхьэж и 1энат1э ирахьэк1ыжыфу ягъэса бын унагъуэшхуэми 1эсият къылъагъэсышхуи щымы1эурэ, мазибгъур блэк1ащ. Хъыджэбз ц1ык1у узыншэу къазэрыхуэхъуам иригуф1эу, унагъуэм сабийм пщ1эуэ щи1эн хуей псори хуащ1ащ. Нысащ1эм и анэми хабзэм тету благъэ хуэхъуа унагъуэм япэ дыдэу фызит1-щы къигъэк1уащ. Къэнэжар мазищ дэк1ыу Ахьмэд къэсыжынырти, сабий ц1ык1ум ари къадигъэпсынщ1эурэ зэманыр нэхъ къатемыхьэлъэу к1уэуэ къащыхъурт.
Унагъуэм къызэрихьэрэ илъэсрэ ныкъуэрэ блэк1ами, 1эсият а зы хьэлымрэ щэнымрэ тек1ауэ пхужы1энутэкъым. Насыпышхуэ утыр къылъысауэ ф1эк1 зымыбж ц1ыхубз щ1алэр и щхьэгъусэр къэсыжу гукъеуэншэ хъужыным хуэп1ащ1эрт. Ауэ абы къеныкъуэкъуу зы 1уэху щы1эт. Ар зыми хуи1уэтэну дзыхь ищ1тэкъым, ауэ, хуей-хуэмейми, езы щэхум зыкъригъащ1эрт. Жей куум хилъэфэху мыувы1эу 1эсият и щхьэм ву макъышхуэ итт. Зэзэмызэ и нэр къимыгъаплъэу и1э щхьэуз бзаджэри абы ирипхт, ауэ нэгъуэщ1 1уэхугъуэт ар къыщ1ежьар. Пхъэрыр и лэгъунэм къыщ1ыхьэу анэ дэлъхур къызэреуэрэ зы дакъикъи увы1атэкъым а ву макъыр. Иджы, зэманыр к1уэтэху, а макъым уз шэчыгъуейр и гъусэ хъурт. Ауэ 1эсият ук1ытэрт ар къаригъэщ1эну. «Алыхьым и къарур инщ, сежьэнщ Ахьмэд. А зым хуэс1уэтэфынут си узыфэр. Хэт ищ1эрэ, и 1эр къытрилъхьэмэ, си щхьэм узри икйжынщ», - щигъаф1эрт и гум 1эсият и гупсысэр.
Зы махуэ гуэрым пэшым зэрымыщ1эк1э щ1ыхьа гуащэм гу лъитащ зи нэпсыр къежэхыу и щхьэр ф1иубыдык1ауэ къик1ук1-ник1ук1ыу щ1эт нысэм. «Ар сыт, 1эсият, апхуэдизу уи щхьэр къозауэу, зыри жумы1эу щхьэ ущ1эс лэгъунэм. Ик1эщ1ып1эк1э зыхуапи дегъэх сымаджэщым. Гу плъызотэри, куэд щ1ауэ щ1эх-щ1эхыурэ къоуз а уи щхьэр. Къэщ1эн хуейщ ар къызыхэк1ыр», - хигъэзыхьащ нысащ1эр Сэкинат.
- Хьэуэ, мамэ, апхуэдэ дыдэуи сыхигъэзыхьакъым, ауэ зыгуэрхэри сигу къэк1ыжати, сыкъызэф1эзэрыхьауэ аркъудейщ. Кхъы1э, сумышэ дохутырым дежи, - лъэ1уащ 1эсият.
- Си гур нэхъ зэгъэнут зыгуэр къозгъэплъамэ. Сабийр гущэм хэтпхэнщи, зы жей пак1э ирихьэк1ыху дыкъэсыжынущ, - хигъэзыхьырт гуащэм.
Арщхьэк1э игъащ1эм зы узи къеузауэ умыщ1эжыну и гуф1эк1э къабзэмк1э 1эсият къыпыгуф1ык1ри, Сэкинат 1эпл1э гуапэ къыхуищ1ащ.
- Сыту уц1ыху гумызагъэ уэ, мамэ. Гурэ-псэк1э сыпхуэарэзыщ узэрысц1ыху махуэри. Тхьэм куэдрэ утхуигъэпсэу, - гуф1эу, ауэ и макъым гуныкъуэгъуэ ежьу щ1эту зыхуигъэзащ и гуащэм.
- Хъунщ-т1э, мы зэм уи гугъу сщ1ынкъым, ауэ иджы зэ къоузыжмэ, успхыу уесхьэха папщ1э, пхуэзмыдэну дохутыр зумыгъэплъу.
- Укъызогъэгугъэ сымыбзыщ1ыну.
А махуэри к1уащ. Махуэ зыбжани к1элъык1уэжащ. 1эсият и щхьэм псэм хуэмыхьыж узык1э и1э хъуащ. Ахьмэд и къэк1уэжыгъуэр къэблэгъат. «Нобэ е ныжэбэ къэсыжын хуейщ», - жыхуа1э щ1алэм тхьэмахуит1к1э зи1эжьэжауэ, сытми узыншэу къахыхьэжащ. Унагъуэм ис псоми я гуф1эгъуэт. Псоми сэлам езыха щ1алэм и нэм нэгъуэщ1 зыгуэри къилъыхъуэрт. Мыдрейхэм абы гу лъатэри: «Техьэпщ1э уи1э, дэ уэдгъэлъагъуну ф1ыгъуэ ц1ык1ум арыншэу у1уплъэфынукъым», -кърадзащ абы плъыжь зыщ1а псалъэхэр.
- К1уэ, щ1ыхьэ лэгъунэмк1э, 1эсият, щ1эшэж Ахьмэд и пхъум деж, зэрыгъэц1ыхухэ, - гушы1э хэлъу жи1ащ Сэкинат, а т1ури зыщ1эхъуэпс дакъикъэр ф1ы дыдэу къыгуры1уэрти.
***
Ахьмэд псынщ1э дыдэу лэжьап1э 1энат1эм пэрыувэжащ. И ныбжьк1и, и зэхэщ1ык1к1и, и теплъэк1и л1ып1э иува Ахьмэд и насыпым тегужьеик1ауэ къыпщигъэхъуу зыгуэр хэлът. Пщэдджыжьым унэм къыщыщ1эк1к1э т1эурэ щэрэ игъэзэжурэ и сабийм еплъыжт, и щхьэгъусэр дэнэк1э щы1эми зы щхьэусыгъуэ гуэрк1э лэгъунэм ириджэжти и нэгу зэ щ1эплъэжырт.
Я къуэр къэмысыж щ1ык1э чырбыш куэду ягъэжат, щ1ап1и къыху1ахати, щ1ыхьэху ящ1ри унэ лъабжьэр дагъэжык1ащ.
Махуэ псом зэф1эта 1эсият жэщым нэху щыху и щхьэр къезэуащ. Гугъу ехьа Ахьмэд жей 1эф1ым хэтти, къэзмыгъэушащэрэт жи1эу зишы1эу, и узымрэ гупсысэмрэ зэщ1иубыдауэ нэху къытещхьащ. Пщэдджыжьым абы и нэгум иплъа Ахьмэд занщ1эу къыгуры1уащ и щхьэгъусэм и жэщыр зыхуэдар. Къэхъуами-къэщ1ами щ1эмыупщ1эу зихуапэу лэгъунэм къыщ1эк1ыну унафэ хуищ1ри езыр пщэф1ап1эмк1э щ1ыхьащ.
- Уэлэхьи, ди анэ, 1эсият и щытык1эр сигу иримыхь. Сыкъызэрык1уэжу гу лъыстащ абы, ауэ езым зыкъызимыгъэщ1эн папщ1э и узыр щ1ихъумэну хэтщ. Нышэдибэ абы и нэгум сыщиплъам щ1эупщ1эни хуэмейуэ псори къызгуры1уащ. Адэк1э дгъэгувэ хъунукъым. Сымаджэщым сшэнщи щ1эзгъэгъуэлъхьэнщ, узыфэр къахутэу къе1эзэн хуейщ.
Ахьмэд жи1э псори гук1э куэд щ1ауэ зыгъэв Сэкинат занщ1эу арэзы техъуащ. Сабийм щхьэк1э зык1и мыгузэвэну елъэ1ури, нысащ1эр нэхъ зыхуеину зыгуэрхэр зэригъэпэщыну унэшхуэмк1э жащ. 1эсият ек1уу зихуапэри лэгъунэм къыщ1эк1ащ, Тинэ ц1ык1уи и 1эпэр и1ыгъыу. А т1ур зэрилъагъуу Ахьмэд и гур къиузык1ащ. И гуащэм къыхуиший хьэпшыпхэр зищ1ысыр къыгурымы1уэу ар т1уми еплъащ.
- Мыхэр сыт, мамэ?
Сэкинат Ахьмэд еплъащ.
- 1эсият, зыгъэхьэзыр щ1ыжыс1ар хьэщ1ап1э дык1уэну аракъым. Иджыпсту дохутырым деж усшэнущ. Хъунщ уи узыфэм уи закъуэ узэрезэуар. Апхуэдизрэ къоныкъуэкъу узым и1эщ хущхъуэгъуэ гуэр. Уэри дэри ди гур нэхъ псэхужынщ зэ зыгуэр зэбгъэплъмэ, - хэкъузауэ жи1ащ Ахьмэд.
- Тхьэ пэжым, си хъыджэбз ц1ык1у, узэрымыузыншэр си гупсысап1эу сопсэу. Ауэ ерыщагъ пхэлъу уи узыр щ1эпхъумэну ухэтщ. К1уэ, зэгъэплъ. Сабийм щхьэк1э умыгузавэ. Уи щхьэ нэхъапэщ хэт нэхъри. А уи ныбэм илъми егупсыс. Зы псэкъым уэ п1утыр.
А псалъэхэр зэрызэхихыу 1эсият зэщыджэу къэгъащ. Къэгъащ илъэсит1ым нэблэгъауэ и гум щигъэва гупсысэ щэхур на1уэ къыф1эхъуу, ауэ аргуэру жьэк1э жимы1эфу.
Къуажэ сымаджэщым къыщызэтемыувы1эу зыхуеину псори абы къыщащтэри занщ1эу Налшык къалэ дэт республикэ сымаджэщым к1уащ. Ахьмэд и благъэ дохутыр абы щылажьэр къигъуэтри, я 1уэхур зытетыр жри1ащ. «Сыт лъандэрэ укъыхигъэзыхьрэ, сытым къыхэк1ыу узын щ1идза?» - жи1эу дохутырыр къыщеупщ1ым, адэк1э ехьэк1ып1э зимы1э ц1ыхубзым къи1уэтащ зыри зыщымыгъуазэ 1уэхугъуэр. А псалъэхэр зэхэзыха Ахьмэд къыщылъэтри зы щ1эпхъаджагъэ илэжьыфыну къыпщигъэхъуу къик1ук1ащ-ник1ук1ащ. Абы и бамп1эр зылъагъу дохутырым, щ1алэм и губжьыр щабэ ищ1ын и мураду, и дамащхьэм те1эбэри:
- Зэ, умып1ащ1э, щ1алэ. Иджыри зыри къэтхутакъым. Дгъэгъуэлъынщ, къэтхутэнщ псори, де1эзэнщ. Пэжщ, етхьэл1эну хущхъуэхэр дымыгъэмащ1эу хъунукъым, сабийм зэран хуэмыхъун щхьэк1э.
Сымаджэщым къыщ1инэу Ахьмэд къыщыщ1эк1ыжым зыхуэмеиж хьэпшыпыжьу бгышхуэм иридзыхыу ежьэжауэ ф1эк1 1эсият къыщыхъуакъым. Ауэ а къы1ук1ыж щ1алэм и псэм щыщ1ар зык1и нэхъ мащ1этэкъым. Здигъэзэнумрэ ищ1энумрэ зымыщ1э Ахьмэд сымаджэщ бжэ1упэм 1ут жыгышхуэхэм языхэзым и щхьэр ирикъузыл1эри, макъыншэу гъащ. Дохутырым и щхьэр течауэ зыри къыжримы1ами, и узыр къимыхутами, и гум зы шэч шынагъуэ гуэр ищ1ат.
Ахьмэд къуажэм щынэсыжам пщыхьэщхьэ хуэк1уэ хъуат. Унэм щ1эсхэр абы яхуихьыну хъыбарым къыпэплъэу зэхэст. «Сыт къыбжи1а дохутырым?», - жари псори къэп1ейтеящ.
- Уэлэхьи, къызжа1аи щымы1э, ауэ зы 1уэхугъуэ гуэр нобэ япэ дыдэу къэсщ1ащи, си тэмакъым вакъэ мастэу тенауэ сетхьэлэ, и ф1эщ дыдэу мастэр къыщилъыхъуэм хуэдэу, щ1алэм и къурмакъейм еныкъуэкъун щ1идзащ.
Нысащ1эм и хъыбар гуузыр зэхэзыха тхьэмадэм и нэпсхэр къыф1ек1уауэ, и щхьэри къыф1эхуауэ щыст. И бын дэтхэнэми примыдзыхыу ф1ыщ1эу илъагъу и нысэ ц1ык1ум къеуэл1а узыр абы щхьэжэ хуэхъуащ. К1уэ аракъэ, и макъыр ут1ыпщауэ гъыфыну и гур къызэф1энат.
Нэху здэщым, Сэкинат, унагъуэ шхын куэду къищтэри, япэу къуажэм къыдэк1 автобусым къит1ысхьэри сымаджэщым жьы дыдэу къэсащ. И гуащэр къызэрилъагъуу 1эсият къэгъащ. Нысэм и нэпсым езым ейри хыхьэжауэ зы зэманк1э а т1ур щысащ зым и дамэм ардейм и щхьэр телъу. Сэкинат япэу къэпсэлъащ:
- Хъунщ, 1эсият, хъунщ. Псори тэмэм хъужынщ. Ф1ы ф1эк1а 1ейм зыри девмыгъэгупсыс.
И гуащэм и псалъэхэм 1эсият и гур нэхъыф1 хуищ1ауэ т1эк1у шхэну ет1ысыл1ащ. Зэнысэзэгуащэр шэджагъуэр къэблэгъэху зэбгъэдэсщ, зэуэршэрыл1эри т1уми я гур т1эк1у нэхъ псэхужауэ Сэкинат къуажэм ежьэжащ, сабий къигъэнам щхьэк1и и гур гузавэу.
Ахьмэд лэжьап1эмрэ сымаджэщымрэ я кум къинэжауэ, унэм къызэрек1уэл1эж щымы1эу мазэр к1уащ. «Фшэжи т1эк1у зевгъэгъэпсэху», щыжа1эм зэи 1ей ягу къэк1ащ «мыхъужыну къыдагъэшэж» - жа1эри. Зэми, къэк1уэжрэ къуажэжьым и хьэуа къабзэмк1э бауэмэ, и унагъуэм яхэсыжмэ, хэт ищ1эрэ, сэбэп хуэхъуну п1эрэ» жа1эу егупсысыжащ унагъуэм щ1эсхэр.
Къуажэм щынэблагъэм и нэ дахит1ымк1э ихъуреягъыр къызэщ1иубыдэну хуейуэ зиплъыхьт 1эсият. Игук1э бгыми, псыми, жыгхэми сэлам ярихт. Къыф1эщ1т ахэри къыхуэзэшауэ. Дунейм гу щызымыхуа ц1ыхубз щ1алэм игъэвыр псэ зы1утхэми зы1умытхэми къагуры1уэу къыф1эщ1т. Пщ1ант1эм щынэсыжам и гур псэхужауэ псори къызэхижыхьащ. Хадэм ихьэри зы жыги къимыгъанэу «епсэлъыл1эу», едэхащ1эу зэман к1ыхьк1э къызэхик1ухьащ. Бжьыхьэхуэк1уэ хъуа дунейр егъэлеяуэ дахэт. Щхъуант1агъэм и къару илъыгъуэми, языхэз тхьэмпэхэм плъыжьыгъэ, гъуэжьыгъэ еуат. Хэт ищ1эрэ, ц1ыхум пасэу жьыгъэм иубыд къызэрыхэк1ым хуэдэу, ахэри хуоп1ащ1э я к1уэдыжыгъуэм.
Узыр нэхъ щхьэщык1ауэ езыми, унагъуэм ис адрейхэми къащыхъуурэ к1уащ иджыри мазит1. «Зэ мыгъуэ мы т1ур зэ1эпык1амэ, нысащ1эм и щхьэм нэхъ хуиту е1эзэнт», - жа1эурэ ныбэм илъыр мазиблым нэсащ. Ауэ къахуиухатэкъым абыхэм щхьэж и щхьэм хуэпсэужыну. 1эсият и узым щ1эуэ, к1уэ аракъэ, псэхэхри къыхэ1эбэм нэхъ къригъащтэу, зэуэ зэщ1иубыдэжати, ар яшэжащ зыщ1элъа сымаджэщ дыдэм. Ауэ иджы ипэм я1а гугъап1э мащ1эри ямы1эжу «ноби ныжэби» жыхуа1эу сымаджэщым жэщи махуи зыр 1ук1мэ адрейр 1ухьэу къы1унэжат унагъуэм исхэр.
Ахьмэд и нурым имытыжу и фэм зихъуэжат. Ар щ1алэ жану, къарууф1эу зэрыщытар къозыгъэщ1эжын зыри бгъэдэлъыжтэкъым. 1эсият и щытык1эр зылъагъу Ахьмэд, щ1ыбым къэсыху ф1эк1а зыхуэмышы1эжу, япэ махуэм губамп1эдэх хуэхъуа жыгыжьым зыкъуигъапщк1уэрти, макък1э мыгъыу, ауэ и гущхьэм гу1эгъуэ нэпсыр щежэхыу бгъэдэтт. Иужь тхьэмахуит1-щым ар къуажэми к1уэжакъым. Къалэм я унэкъуэщ гуэрым я деж зэзэмызэ зы жей пак1э щрихьэк1т, т1эк1у едзакъэрт, зигъэпсэхурти аргуэрыжьу к1уэрт ф1ыуэ илъагъу ц1ыхубзым и псэр щит щ1ып1эм. Къы1ук1ыу 1ухьэжыху псэууэ хуэмызэжын и гугъэу, и нэр къыщипхъуауэ дэжейрт ар етхуанэ къатым. Зэзэмызэ гушы1э нэпц1ыр зи псалъэмакъым къыхэзыгъэхьэ 1эсият махуэ зыбжанэ хъуауэ жи1эжышхуи щы1этэкъым. Зы дакъикъи къытримыхыу хьэлъэр дэзыгуэш и сабийм 1э дилъэрт.
Бжьыхьэм и нэхъ щ1ы1э махуэхэр къэсащ. Уэшх мащ1э зыщ1эт жьым тхьэмпэ псыфхэр нэк1у зэ1ухам кърихьэрт, щ1ым алэрыбгъуу зытраубгъуэрт.
- Сыт, 1эсият, зыгуэр уигу къэк1а хьэмэрэ, уигу къеуэрэ? Щхьэ т1эк1у укъыпымыгуф1ык1рэ, - еупщ1ащ Ахьмэд фагъуэ хъуа и щхьэгъусэм.
- Емык1уу п1эрэ жызо1э а сэ сигу къэк1ар, Ахьмэд, - хуэм дыдэу къыдришеящ 1эсият.
- Кхъы1э, жы1э емык1уми, делагъэми, сыт хуэдэми умыбзыщ1. – Лъэгуажьэмыщхьу т1ысри ныбэм телъ и 1эр зы1эщ1иубыдащ.
- Пщ1эрэ, Ахьмэд, сэ сигу къэк1ар? Ди «япэ лэгъунэм» и гупэм деж къыщигъэхъуауэ псырэ мы1эрысэ ф1э1урэ, - ерагък1э зэпищащ.
- Ара узытеук1ытыхьыр? Сыт абы хэлъыр ук1ытэгъуэу. Сыхьэт зы т1у ихьынщ, нэгъуэщ1 гугъуехьи емык1уи хэлъкъым абы, - зи псэм хьэзаб телъ и щхьэгъусэм зы сэбэпынагъышхуэ зыхэлъ 1уэхугъуэ гуэр хуищ1эфыну къызыщыхъуа Ахьмэд щ1эжащ пэшым. Ар дохутырымрэ медсестрахэмрэ елъэ1уащ къэсыжыху е я унагъуэм щыщ гуэр къэк1уэху 1эсият и закъуэу къамыгъэнэну. «Зэ сыщ1ыхьэжынщи сежьэжынщ», - жи1эри пэшым щ1ыхьэжащ.
- Тинэ, Тинэ сигу къэк1ащ, ауэ…, - и к1эм нигъэсакъым абы къригъэжьар.
- Тини къэсшэнщ. Псори згъэзэщ1энщ, уэ къызэжьэ къудей, 1эсият. Кхъы1э, къызэжьэ, - хуэм дыдэу елъэ1уащ Ахьмэд.
«И гъащ1э к1эщ1 т1эк1ур къызэжьэу езгъэхьати мы тхьэмыщк1эм, иджыри «къызэжьэ» псалъэр жызо1э. Сыту бэлыхьышхуэ и псэм телъ мы дунейм псэ зы1уту тетхэм я нэхъ хей дыдэхэм ящыщ си 1эсият. Хэт и ней къыпщыхуат? Хэти зэран ухуэхъуат мы дунеягъэм апхуэдиз гугъуехь щыбгъэвыну?». К1э и1этэкъым Ахьмэд упщ1эу, жэуапыншэ защ1эу, и щхьэм къизэрыхьым. Машинэ гъуэгум къызэрысу япэу къыхуэзам пэщ1элъадэри «Сиук1мэ сиук1ащ, 1эсият япэ сищынщи сыкъыпежьэнщ» игу къэк1ауэ къигъэувы1ащ. Машинэм къик1а урыс ц1ыхухъум лъэк1 къимыгъанэу псалъэ дыдж куэд къытритхъуащ. Ахьмэд абы жи1эхэр 1эщ1иудри, и 1уэхур зытетыр к1эщ1 дыдэу хуи1уэтащ.
- Къит1ысхьэ, адрейхэр гъуэгум щыжып1эжынщ, - нэгъуэщ1 химылъхьэу гууз-лыуз зи1эр машинэм ит1ысхьэжащ. 1эмал зэри1эк1э псынщ1э дыдэу ахэр нэсыжащ къуажэм. Машинэк1э къэк1уэжа щ1алэр зэралъагъуу абы ф1ы лъэпкъ къызэрыримык1уэнур псоми къагуры1уащ. Къуажапщэмк1э иджыри ф1ыуэ удэк1уеин хуейт псы къыщригъэхъуэну щ1ып1эм нэсын щхьэк1э. Ахьмэд губгъуэм ит шыхэм я зым лъахъэр кърихри дэжеящ. Сэкинат мы1эрысэ шыуа зи1эм я деж хъыджэбз ц1ык1ухэм языр игъэжащ. Болэт 1эсият и анэм 1уэхур зытетыр жри1эну игъэк1уащ. Езым Тинэ игъэхьэзыращ. Я гъунэгъу щ1алэ ц1ык1ур Ахьмэд и адэм и лэжьап1эм игъэжащ. Псы къэзыхьа щ1алэр къызэрысыжу и анэмрэ Тинэ ц1ык1урэ игъусэу къалэмк1э къиунэт1ыжащ.
…1эсият зыщ1элъ пэшым щынэсам, абы дохутыр куэд щызэрызехьэрт. Сабийр щалъагъум «Щ1эфх, щ1эфх, мыбы илъагъуж щы1экъым», - жа1эри къы1уагъэк1уэтащ Сэкинат. Ауэ зым:
- Къыбгъэдэфхьэ, т1эк1у езы ц1ык1ум 1э щевгъахуэ, и нэр къэмыплъэжми и псэр хэтщ мыбы, - жи1эри сабийр езым сымаджэм бгъэдигъэуващ. Тинэ ц1ык1ум къэхъуар къыхуэмыщ1эу гъыну къызэщ1ищ1ащ, и анэшхуэм дежк1э игъэзэжри быдэу и бостей к1апэр иубыдащ. Сэкинат сабийр къищтэри и нысэм бгъэдихьащ, и 1э ц1ык1ур иубыдри сымаджэм и нэк1ущхьэми и 1эми дилъащ. Зыхэпщ1эу 1эсият и нап1эр къэк1эзызащ. К1уэ аракъэ, иджыпсту къэтэджу къызэф1эувэну ф1эк1а умыщ1эу, и 1эпкълъэпкъыр мыхъейми, щхьэщыт псоми зыхащ1эу абы зы къару гуэр къыбгъэдэк1ащ. Ахэр зэплъыжащ.
- Къэфхь псыр, мы1эрысэм едзэкъэфынкъым, ауэ… - и к1эм хунэгъэсакъым дохутырым.
Ахьмэд езыр 1эсият бгъэдыхьэри псы тк1уэпс жьэдигъэтк1уащ. Игу мызагъэу мы1эрысэм езыр едзакъэри абы къыщ1эжа ф1э1упсыр лошк1эм иригъэлъадэри, ари мащ1эу зэтеха и жьэм жьэдик1ащ.
Дохутырхэм замы1эжьэу Ахьмэд ираджэри щ1эк1ыжащ.
- Иджы, щ1алэ, - къригъэжьащ абыхэм я нэхъыщхьэм, - л1ыгъэшхуэ зыхэплъхьэу укъыдэда1уэу нэхъ зэрыпф1экъабылыр уэ жып1эн хуейщ. Л1ыгъэк1и ц1ыхугъэк1и уэ плъэк1ар мы сымаджэщ псом щ1элъхэми щылажьэхэми я нэгу щ1эк1ащ, ауэ иджы къэнар псом нэхърэ нэхъ хьэлъэщ. Зи псэр иджыри хэмык1а сабийм и унафэ дымыщ1у хъунукъым. Ар псэууэ къанэми апхуэдиз узыфэ зыпкърыта и анэм, абы етхьэл1а хущхъуэхэм тэтэму къелакъым. Ауэ сыт хуэдэу щытми, абыи псэ 1утщ. Иджыпсту занщ1эу абы яужь дихьэмэ, ц1ыхубзыр етхьэл1эну анастезием къигъэушыжынукъым. Ц1ыху псор дауэ зэгуэбгъэжын?
- Армырами и псэм бэлыхьу телъыр ирокъу а тхьэмыщк1эм. Алыхьым къыдимыпэса сабийм и псэм дауэ дыщ1эбэнын. Сэ ар сигу тыншу пык1къым, ауэ сыт хуэдизу емык1у сыкъэвмыщ1ми, 1эсият и псэм нэхъ сыщосхь. Зэрырегъусэ а т1ум я псэр хэтыху, - ерагък1э къыдришейуэ жэуап яритыжащ Ахьмэд. Псоми къахуэнэжар ежьэнырт. Зыми хуэмыдэу хьэлъэт а сыхьэтхэр.
Палатэм Ахьмэд щигъэзэжам 1эсият и щытык1эм зык1и зихъуэжатэкъым. Сэкинат гу1эу щ1ыхьэп1э дыдэм деж къыщытт. Тинэ ц1ык1у медсестрахэм ябгъэдэту к1элындорым тетт зыгуэрхэр къахуиву, дыхьэшхыжу. Илъэсит1 мыхъуа сабийм къыгуры1уэнутэкъым «мамэ» псалъэр зыхуигъазэу зыжри1э хъуну нэхъ ц1ыху 1эф1, лъап1э дыдэр нобэ зэры1эщ1эк1ыр.
«Я псэр дыгъэм дыкъухьащ», - аращ хужа1ар пщыхьэщхьэ хуэк1уэу зи псэр хэк1а 1эсиятрэ дунейр зылъагъуну къызыхуимыхуа и щ1алэ ц1ык1умрэ. Ахьмэд зэрыжи1ам тету, дохутырхэм а тхьэмыщк1эм псэ зы1умытыж сабийр къыпкърахащ. Ар щ1алэ ц1ык1ут. Ауэ ф1эк1уэда 1эсият ирилъытри, Ахьмэд абы зык1и нэхъ лейуэ щ1эхъуэпсыжакъым. Щы1этэкъым иджыпсту абы и щхьэгъусэм епха гуауэм тепщэ хуэхъун. Зэгуэр «тобэ» къихьыжынк1э хъунт, ауэ нобэк1э абы зы хьэдэт игъейр – 1эсиятт. Зи узыр тэмэму къамыхутэфа 1эсият зэгуагъэжу абы къефык1ар зрагъэщ1эну хуейт дохутырхэр, а узыфэ дыдэм хуэдэ къызэуэл1а къапэщ1эхуэмэ, нэхъ псынщ1эу и хущхъуэгъуэр къагъуэтын папщ1э. Езы тхьэмыщк1эр зэпымычу тхьэусыхэрт «Си щхьэ куц1ыр хьэп1ац1э куэдым яшхыу къысф1ощ1», - жи1эу. Ягугъащ, Ахьмэд арэзы техъуэмэ, мыбы и узыр къызэрек1уэк1ам к1элъыплъыну.
- Дауэ фхужы1а, мы хъарыпым и псэм телъа хьэзабыр фи нэгу щ1эк1атэкъэ? – Кърамытыжын ф1эк1а умыщ1эну, ар щ1элъадэри, зы ц1ыхуи къыпэмылъэщу, операционнэм къыщ1ашыжыну ягъэхьэзыра хьэдэр къипхъуатэри къаф1рихьэжьащ. Хъийм ик1а щ1алэм и 1эсият ф1эк1а зыри и нэм илъагъужтэкъым. Шынэри, ук1ытэри, къезэгъри, къемызэгъри ищ1эжтэкъым – и акъылыр зыхуэунэт1ар мыпхуэдиз зышэча и щхьэгъусэр и унэм ишэжу тыншыгъуэ гуэр иригъэгъуэтыжынырт, и 1эсият псэ 1умытыжми я лэгъунэм нэху къыщригъэк1ыжынырт. Абыхэм щегупсысым ет1уанэ хьэдэр игу къэк1ыжыххэртэкъым. Ауэ иужьы1уэк1э, къуажэм къик1ахэр къыщызэхуэсым, абы и щытык1эм зихъуэжащ. Нэхъыжьхэм зэра1уплъэу, зызэрищ1ахэм теук1ытыхьыжауэ, сабыр хъужащ. Къэк1уахэм ящ1энур ящ1эрти, 1эсият тхьэмыщк1эри сабийри машинэм иралъхьэри къуажэм ирашэжьэжащ.
Щ1ылъэмрэ уафэмрэ зэ1ууэжауэ къыпщигъэхъут къуажэм щхьэщыт к1ыф1ыгъэм. Иджыри пшапэр куууэ зэхэмыуами, ар апхуэдэу къыпщигъэхъут жылэм къыщыхъуа гузэвэгъуэшхуэм. Зи дыхьэшх макъыр иджыри къыдэ1ук1ыу къыпщыхъу пщ1ант1эм дашэжт 1эсият и хьэдэр. Дашэжт мы пщ1ант1эм зи макъ къыдэмы1ук1а сабийри. Хузэф1эк1акъым бзылъхугъэ тхьэмыщк1эм псит1, гъащ1ит1 ажалым къригъэлын. Къытринащ дунейм гук1и псэк1и ф1ыуэ зылъэгъуа Ахьмэдрэ абы и унагъуэмрэ. Зеиншэу и Тинэ ц1ык1у къигъэнащ, «мамэ» жызы1эм ехъуапсэу псэуну.
Ахьмэд и гъащ1эм и къек1уэк1ык1ар, Тинэ абы пэ1эщ1э зэрыхуэхъуар, Сэкинат абы бамп1э узу хихар къэп1уэтэфынукъым зы тхыгъэ к1эщ1к1э. Нобэ абыхэм ящыщу Тинэ закъуэщ дунейм тетыжыр. Гъащ1э к1эщ1т Ахьмэдрэ Сэкинатри. Ауэ абыхэм яужь къинахэми, зэщхьэгъусэхэр зыц1ыхуу щытахэми ящ1эж 1эсиятрэ Ахьмэдрэ я кум дэлъа лъагъуныгъэр.

Хайшат Бейтуганова

 
Остальные новости
06-01-2009  
Представители черкесской молодежи из КЧР снова заявили о желании жить в единой черкесской республике
02-01-2009  
Совместное заявление "Черкесского Конгресса" КБР и "Всемирного Адыгского Братства"
31-12-2008  
С Новым Годом!
26-12-2008  
Календарь от Мадины Хацуковой
25-12-2008  
Ушел из жизни народный артист КБР Зарамук Кардангушев
24-12-2008  
В Карачаево-Черкесии совершено нападение на журналиста
18-12-2008  
Изменение закона «о межселенных территориях» должно обсуждаться открыто
16-12-2008  
Выступление представителя МЧА Теувежа Казанокова в ООН
10-12-2008  
Сегодня исполняется 70 лет дирижеру Юрию Темирканову
08-12-2008  
Поздравляем всех мусульман с праздником Курман-Байрам
07-12-2008  
В городе Прохладном сотрудниками ДПС был задержан Исмаил Сабанчиев
07-12-2008  
В свет вышел Адыгский календарь на 2009 год
05-12-2008  
Журналисты правительственной газеты "Черкес хэку" подвергаются гонениям со стороны властей КЧР
04-12-2008  
Объединительный процесс черкесов (адыгов) сдвинулся с мертвой точки
02-12-2008  
Пантюркизм – новый вызов российскому Кавказу
28-11-2008  
В КБР и Турции будут созданы торговые представительства
28-11-2008  
Парламент КЧР предлагает финансировать меры по соцподдержке реабилитированных лиц из федерального бю
28-11-2008  
ВС КБР рассмотрит отводы присяжным в деле о нападении на Нальчик
28-11-2008  
Мэр Майкопа попал под следствие
28-11-2008  
В Нальчике пройдет конкурс на замещение должности мэра
Поиск
Поиск по сайту:
Адыгэ почта

Имя пользователя:
@adigemail.com


Проблемы со входом в аккаунт
Регистрация | FAQ
Города и районы
Зольский район Кабардино-Балкарии г.п. Залукокоаже
Терский район Кабардино-Балкарии г. Терек
Новое на сайте
"Национальное достояние" / Видео
"Адыгагъэ" Бэрэгъун Марианна / Видео
Конный переход - ЗекIуэ / Фото
Али Лигидов / Видео
Кабардино-Крымская война 1707 - 1708 гг. / История
Документальный фильм "Свадьба на Тереке" / Видео
назад  наверх 

KBRLIFE.RU : события и жизнь в КБР