|
Къэзанокъуэ Жэбагъы ялъэгъуну ечэнджэщыну, акъыл къыпахыну щ1ып1э жыжьэ къак1ауэ пщит1 къэк1уат. Жэбагъы и унэр къагъуэту езым щыщ1эупщ1эм: - Фызым и гъусэу бжьын епщ1эри хадэм хэсщ, - къыжра1ащ. - Уэлэхьэ, зи фызым бжьын дэзыпщ1эу, хадэм хэсым сэ акъыл къыпысхынщ жыс1эу семыпсэлъэн, - жи1эри зы пщым дигъэзык1ыжащ. - Уэлэхьэ, абы нэс сыкъик1ауэ, сыту щытми, сымылъагъу сымык1уэжын, - жи1эри адрейр еблэгъащ. - Хьэщ1э уи1эщ, Жьэбагъы, - щыжра1ам, хадэм къыхэк1ыжри Жэбагъы хьэщ1эм деж к1уащ. Хьэщ1эм и гъусэм зэригъэзэжар Жэбагъым къыжри1ащ. - Ат1э псоми чэзу я1эщ. Сэри си сабиигъуэм чышым сытесу си ныбжьэгъу ц1ык1ухэм сахэтащ. Балигъ сыхъури шу шэсым сахэту си 1ыхьэ ядэсщ1ащ. Пхъэ1эщэк1ыр с1ыгъыу сыващ, гъубжэ с1ыгъыу сыхащ, шэмэдж с1ыгъыу мэкъу сеуащ. Жьы сыщыхъум, слъэк1ыжыр арати, фызым бжьын дызопщ1э. 1уэху ц1ык1у щы1экъым, л1ы ц1ык1у мыхъумэ, - жи1ащ Жэбагъы.
|