|
Зы анэжь фIэкIа имыIэу зы щIалэжь псэурт, тхьэмыщкIэу. АпхуэдизкIэ тхьэмыщкIэти, зы къазыжь закъуэт я пщIантIэм дэтыр.
- Ди анэ, дэ мыпхуэдэу дытхьэмыщкIэу куэдрэ дыпсэуфынкъым. Ди къаз закъуэр сукIынщи, гъэхьэзыр, пщым хуэсхьмэ, хэт ищIэрэ, зыгуэр къытхуищIэнкIи хъунщ, - жиIащ щIалэм.
И анэм къазыр игъэкъабзэщ, игъавэри и къуэм иритащ. Пщым деж кIуэри жриIащ:
- Мыр уи Iыхьэу къыпхуэсхьащ, зиусхьэн!
- Куэду фIыщ, ущIалэ щхьэпэщ, - и гуапэ хъуащ пщым. - Унагъуэм исым къызэрытлъыскIэ къытхуэгуэш!
Пщым, гуащэм нэмыщIауэ, къуитIрэ пхъуитIрэ иIэт.
ЩIалэм, куэдрэ мыгупсысэу, занщIэу гуэшын щIидзащ:
- Уэ, зиусхьэн, жылэм уращхьэщи, щхьэр ууейщ, - жиIэри къазым и щхьэр къыпиупщIри пщым иритащ. - Фызыр сыт щыгъуи нэхъ ягъэикIэ, мынэхъыкIэми, гуащэм мыр къылъос, - къаз кIапэр пиупщIри фызым иритащ.
ЩIалэм и къаз гуэшыкIэр щилъагъум, пщыр и пащIэ щIэгуфIыкIащ.
- Хъыджэбзыр хамэ унэм лъэтэнурэ ежьэжынущ, ауэ щыхъукIэ абыхэм я Iыхьэр мыращ, жиIэри къаз дамитIыр зырызу хъыджэбзитIым яритащ.
Пщым ар игъэщIагъуэу и щхьэр игъэкIэрэхъуащ.
- ЩIалэхэр щIыпIэ жыжьэхэр къызэхэзыкIухьзекIуэлI цIэрыIуэ хъун хуейщи, я куэпкъхэр быдэу щытын щхьэкIэ, мыхэр абы ялъос, - жиIэри куэпкъ зырызыр щIалитIым яритащ. - Къэнар си Iыхьэщ, - жери къазыпкъыр и блыгу щIидзыжащ.
ЩIалэм апхуэдэу губзыгъэу къазыр зэригуэшар игу ирихьати, пщым абы хъуржын из дыщэ къритри къиутIыпщыжащ.
Пщым кърита дыщэмкIэ щIалэм унэ-лъапсэ хъарзынэ иухуэри, зыхуэныкъуэ щымыIэ жыхуаIэм хуэдэу, псэууэ ежьэжащ.
ЩIалэм и Iуэхур зэхэзыха и ныбжьэгъу гуэр гуфIакIуэ къыхуэкIуащ. Мылъкур къыздрихамкIи къеупщIащ. ЩIалэми и Iуэху къызэрекIуэкIар хуиIуэтащ, ауэ къазыр зэригуэша щIыкIэм и гугъу ищIакъым.
Ныбжьэгъур пыгуфIыкIри ежьэжащ, езыми и къазхэр фIигъэжыжу пщым хуихьыну мурад ищIри.
Ныбжьэгъум къазитху иIэти, тхури фIигъэжщ, и анэм иригъэгъавэри пщым хуихьащ.
Пщым деж щIаша нэужь, абы жиIащ:
- Мы къазитхур ди пщым уи Iыхьэу къыпхуэсхьащ.
- Ар дэгъуэкъэ-тIэ, - жиIащ пщым. - АтIэ, иджы ахэр унагъуэм исым щхьэж зэрыхуэфащэкIэ къытхуэгуэш.
- Хьэуэ, - жиIащ щIалэм, - къэсхьа щхьэкIэ фхуэзгуэшыфынукъым, фэ фызэрыхуейуэ вгуэшыж.
- Къызэрыпхьынур щыпщIэм, и гуэшыкIэри пщIэн хуеящ, - жиIащ пщым икIи унафэ ищIащ: - Зымахуэрей щIалэм фыкъеджэт.
ЩIалэр къраджащ. Ар къазхэм яхэплъэри, тху хъурт. Куэдрэ мыгупсысэу зы къазыр къищтэри пщымрэ гуащэмрэ яритащ:
- Фэ тIум мы къазыр къыфхэтыжу щы фохъу!
ЕтIуанэ къазыр къищтэри, и пхъуитIым яритащ:
- Фэ тIуми мыр къыфхэтмэ щы фохъу!
Ещанэ къазри къищтэри, и къуитIым яритащ:
- Фэ тIури мы къазыр къыфхэту щы фохъу! Мыдрей къазитIыр сэ къысхэтмэ, щы дохъури, лей щыIэкъым! - жиIэри къазитIыр и блыгу зырызым щIидзащ.
- Губзыгъэу бгуэшащ, ущIалэ хъарзынэщ. Къефт мыбы иджыри зы хъуржын! - пщым унафэ ищIри, щIалэм аргуэру зы дыщэ хъуржын къратри къаутIыпщыжащ.
ЕтIуанэ щIалэри пщым къыщIигъэкIыжащ:
- ГуэшыкIэ щумыщIэкIэ кIуэжи уи унэ исыж, - жиIэри.
Пщым деж къыщIэкIыжа щIалитIыр къыздэкIуэжым, къазыр зыугуэшам жиIащ:
- Уэ, си ныбжьэгъу, пщым къазхэр щыхуэпхьым абыхэм я гуэшыкIэри пщIэн хуеящ. Мэ, къазитI къыпхуэсхьыжащ. Мы дыщэ хъуржынри узотри, хъер пхухъу, икIи хъуржыныр и ныбжьэгъум иритащ. Абы и ужькIэ и ныбжьэгъури, езым ещхьу, хъарзынэу псэу хъуащ.
Зытхыжар КЪАРДЭНГЪУЩI Зырамыкущ.
|