|
Зэгэурым Хъуэжэ мэз къик1ыжу плъэри хьэблэ псор зэрыдэхауэ псыхъуэм дэлъадэу илъэгъуащ. - Ц1ыхуф1хэ, фыздэжэр дэнэ? Къэхъуар сыт? - жи1эри яупщ1ащ. - Уи гъунэгъур псым итхьэлащ, Хъуэжэ, - къыжра1ащ абыхэм. Ар щызэхихым, Хъуэжэри къелъэри як1элъыжащ. Псым щынэсым, псори хьэдэм лъыхъуэу, ищхъэрэк1э ирагъэзыхащ, езы Хъуэжэ ипщэк1э дригъэзеящ. - Уа, Хъуэжэ, хьэдэр псым ирехьэх, армыхъумэ ипщэк1э дрихьейркъым, уэ щхьэ ущылъыхъуэрэ ипщэк1э? - къыжра1ащ. - А-ууей, фэ фщ1э щы1экъым, ар щыпсэум гурымыкъыу щытащи, ипщэк1э дрикъеягъэнущ, - жи1эри Хъуэжэ ипщэк1э дригъэзэящ.
|