|
Насыпыншэу зэман бзаджэм дыхалъхуэ, Е ж ь у: О-о, Мылъхуэжыныр пщыжь-уэркъыжьхэм къахукIуэ, уэ-у-о-, уей, сэрмахуэ О-о ХьэщIэ къакIуэм пшылI хъыджэбзхэр иращэ, Жэщыр хъумэ, гупсысэным дегъалIэ, уей, сэрмахуэ. Щэныбэжщэм пшылI сабийхэр яукIыр, КIэ имыIэу я гъы макъыр зэхохыр, уей, сэрмахуэ. Хей ящIамэ, дэ дымысэу къыщIокIыр, КIэ имыIэу я бэлыхьыр дошэчыр, уей, сэрмахуэ. Мы гъэрэщым сэкъатыншэу докIуадэ, Ди кIуэдыкIэм пщылI фызыжьхэр йолIыкIыр, уей, сэрмахуэ. Япэ лIахэм дащIэхъуэпсу дыкъонэ, Дяужь къинэм я нэсыпыр текIуэнущ, уей, сэрмахуэ. Насыпыншэу зэман бзаджэм дыхалъхуэ, Мылъхуэжыныр пщыжь-уэркъыжьхэм къахукIуэ, уей, сэрмахуэ
Адыгэ IуэрыIуатэ, "Эльбрус", 1992 Аудио: http://adyga.by.ru/warad_sarmahue.mp3
|