|
(Лохэ япхъу Минэт и тхьэусыхэ уэрэд) Пасэ зэманым абазэпщ Лохэ куэд зылъэкIыу Абазэ-Шэрджэс хэкум исащ. Лохэ къулейуэ, Iэщ я куэду, езым я шы лъэпкъ «Ло» и цIэу къагъэхъуауэ, адыгэ хэку псоми щыцIэрыIуэу щытащ. Тамбий Дыгулыбгъу Адыгейм кIуэуэ Бэлэтокъуэхэ я шыбзыр къыщихуам зытесар Лохэ я шы лъэпкъщ. Абы тесу жэщым Бахъсэн къиуауэ къыхыхьэри, итхьэлауэ щытащ ишри езыри. Лоужь гущэм и саур бгъуитIым, Лъы бахъэр къызэрохьэх; Псыхьэлыгъуэм хуэдэу кърихьэхыжри, Тамбий и къуэкIэ пщы Дыгулыбгъущ. Ло гущэу уи Лоутхъуэжьыр Къэрэтобэ къыщогъэщыщ, Дыщэм хуэдэурэ уи дыщэ быныр Бахъсэн псыхъуэ къыщогъэщыгъуэ, - жеIэ Дыгулыбгъу и уэрэдым. Урыс пащтыхь Александр ЕтIуанэм и тэрмэшу, и адъютанту щытащ полковник Ло Мэмэт-Джэрий, Бытырбыху кадет корпус къыщиухауэ. Лохэ я IэмыщIэ илъащ тенджыз ФIыцIэм и Iуфэм Iут мафIэгу къэувыIэпIэ цIыкIур. Езы Лохэ Псыжь и Iуфэм Iусащ. АтIэ, апхуэдизу зылъэкI абазэпщ Лохэ япхъу Минэт дахэр лъхукъуэлI унагъуэ гуэрым залымыгъэкIэ иратати, мы тхьэусыхафэ уэрэдыр иусащ. Уэрэдыр абазэхэм абазэбзэкIэ, шэрджэсхэм адыгэбзэкIэ жаIэу, я уэрэд гъэфIэну щытащ. Мис ар: Лохэ срапхъут, Ежьу: Уо-ра, уо-уо-рирэ, уо! ЛIы сратри! Ежьу: Уо-ра, уо-уо-рира, уо! Сызратри уи шабий вакъэт. Срамыпхъуу срапхъурылъхутэмэ, ЛIы сратыххэнтэкъым. Вы къарэжь фиIэти - лъакъуищт. Зэшыжьищ фохъури - фи зырызщ. Мэш хьэсищ фиIэщи - мацIэ хъуахуэщ. Зэшыжьищ фохъури - фи зырызщ. Псыжь Локъуажэр - Локъуажэжьт. Вакъэ зэпэIудэт, упщIэ лъеижьыр дамыгъэт. УнэмкIэ сокIуэри, гуащэжьым сыщIигъэхьэркъым. ЖьантIэмкIэ сокIуэри, пщыжьым идэххэркъым. ПэшымкIэ сокIуэри, пщыпхъум сыщIигъэхьэркъым. Дэнэ мыгъуэм сыкIуэжыххэну - сотхьэусыхэ! ХьэщIэщыжь фиIэти, уи хьэгъэщтт. Псыжь и псыхъуэр нэпскIэ согъажэ. Алътогъуз и джабэхэм сыкIэрохьэ. Алътогъуз и пхъэ дакъэхэри си пIэщхьагът. Алътогъуз и пщIащэхэри си уэншэкут. Ар си щхьэцыгъуэшхуэри дзажэ щIэдзт. Ар си IэблэшхуитIри пщэрыдзэнт! Уэрэдыр дэзыгъэтхар КIэм Iэюбщ, дежьур Hэнджэщауэ Исмелщ (1968 гъэ). КЪАРДЭНГЪУЩI Зырамыку.
|