|
Хъуэхъур ди бэу, дыбагъуэу, Губгъуэу диIэр бэвылъэу, Лъэуджыджэ тхэмыту, Iей тхэтыныр ди жагъуэу, Ди жагъуэгъухэр зэгуэпу, Дяпэ идгъэщ щымыIэу, Ди фIыгъуэр здэдгуэшу, Гукъеяуэр здэтшэчу, Ди чэт гъэлъэхъу щымыщIэу, Ди хъыджэбзхэр щIыкIафIэу, Ди щIалэфIхэр лIы хахуэу, Ди Iуэху дэна ямыщIу, Нанэм жиIэм едаIуэу, Дадэ жиIэр я гуапэу, Пэрытыныр я хьэлу, ХьэгъуэлIыгъуэр яублэу, Бланэм хуэдэу гуащIафIэу, МафIэм хуэдэу къэмыскIэу, КIадэу диIэр гъэшылъэу, Ди сабийхэр насыпыфIэу, Ди балигъхэр акъылыфIэу, ФIыгъуэ дыщымыщIэу, ХъугъуэфIыгъуэ ди бащэу Илъэсищэр дыугъащIэ! Зытхыжар КъардэнгъущI Зырамыкущ
|