|
Адыгэ лъэпкъым и Iэпкълъэпкъ пщыкIутI - Адыгэ анэм и зэш бын гъуэзэджэ, Фэ адэжь хэкум вагъуэу фыщылыдт, Фыкъэзылъагъухэр къывэхъуапсэу зэкIэ. Натхъуэджыр, беслъэнейр, еджэрыкъуейр, Жанейр, мэхъуэшыр, хьэтыкъуейр, шапсыгъыр, ИтIанэ абэзэхэр, къэбэрдейр, Адэмей лIакъуэр, кIэмыргуейр, бжьэдыгъур. Кавказым и дахапIэр фэ фи хэкут, ЩIыгулъым я нэхъ бейр фи хьэсэ щIапIэт, Къэрал зэмыщхьхэм къыфхухашу гъуэгу, Фи тенджыз Iуфэр яIэт кхъухь тедзапIэу. Иджы фэ дуней псом фыщикъухьащ… Фэрыншэу нэщхъеялэщ чэщей мэзхэр, Фэрыншэу, уэгум вагъуэ щипхъыхьар Мэкъуауэ бадзэу, мафIэ нэпцIкIэ мэсхэр. Адыгэ лъэпкъым и лIакъуэ пщыкIутI, Iэпкълъэпкъыу цIыхум фэ фхуэдизщи иIэр, Зыгуэр фыхэщIу и гур ивмыуд. Фи псэуныгъэр гурыфIыгъуэу зиIэм.
|