ЩоджэнцIыкIу Алий и фэеплъу
УсакIуэм зауэм щаIэщ лIэкIэ щхьэхуэ: ГъущI кIапсэ банэм гъащIэр къихухьам, Мыжурэу къахуэнэжыр я къалэмщи, Шэ плъауэ усэр ирадз бий щыкIам.
Жэуапу къратыжми фоч лъэдакъэ, Лъэгуажьэмыщхьэ зыхуамыщI зэи бийм, Псэ пIалъэ къыщыхуащIми дакъикъэ, Я Хэку и щIыхьыр ямыгъэулъий.
Ажалыр къыхуэхъуами бжэм нэхъ благъэ, Адэжь жьэгу пащхьэм ахэр щIогупсыс, Езыхэр щхьэхуимытми, щIэблэм тыгъэу Щхьэхуитыныгъэм и уэрэд хуаус.
Хуоусэ Iущэщэжу псыхьэлыгъуэ Гъатхэпэ мазэм лъагъуэ хэзышам, Хуоусэ къуалэбзухэу зи гуфIэгъуэ УэрэдкIэ пщэдджыжьыпэм хуэушам.
Хуоусэ, дыщэ щIыIуу зэщIэпщIыпщIэу ЩIы щхьэфэм къэрабэ къыхэжам, ГурыщIэ къабзэр IэфIу зыхэзыщIэу, НыбжьыщIэхэу пщыхьэщхьэм зэIущIам.
И телъхьэщ пэжми, усакIуэр жьэ нахуэщ, Лей мыгъэгъуныр лIэхукIэ имыужэгъу, Лъыиф лIыукIхэу хьэкIэкхъуэкIэ щылъхухэм ЩIыхуэхъури арщ усакIуэр я нэм бжэгъу.
Зэман дэкIами къоуэж рифмэр щыблэу, Лейзехьэ пащхьэм абы илъ щещIэж, Мыужьыхыж вагъуэу цIыху хейм я гум щыблэу Я усэр гъащIэм къыхуощIэрэщIэж.
УсакIуэм щытми бийм и ней къащыхуэу, Лъэужь къэмынэу зыукIыфыр хэт? Абыхэм къахуонэжыр гъащIэ щхьэхуэ: Ягу и къеуэкIэр усэм ритмэу хэтщ.
Гъубжокъуэ Лиуан
|