|
Сэ уэшхым куэдрэ сиуфэнщIащ.. |
|
|
|
Сэ уэшхым куэдрэ сиуфэнщIащ Гъуэгуанэм сыздытетым, АрщхьэкIэ вагъэр игъэнщIащ - Губгъэн хуэсщIын си неткъым.
Сэ розэ банэм сиуIащ, ИриIэу Iэр лъы пщтыркIэ, АрщхьэкIэ си гум къемыIа Гъэгъахэм я хьэтыркIэ.
Мэз бжэным фочыр езгъэпщат, ЗикI кIакхъур схущIэчакъым: И шыр абы кIэлъыущар Зеиншэ сщIын слъэкIакъым.
Гъубжокъуэ Лиуан
|