Жылапхъэ ящIкъым хьэдзэ псори,
Дэтхэнэ думи къырамых,
Зи армэ кIуэгъуэу зэпаплъыхьу,
Ар къыщыхахкIэ хощыпыхь.
Къыхах купщIафIэу нэм къыфIэнэр,
ИмыIэу зыри сэкъат лъэпкъ,
Абдежым къикIми зи кIэныр
Зэи къытемынэ цIыху и хьэкъ.
Къэджа иужькIэ хьэрхьупыр
КъикIыкIыу ар щIыгулъым хэлъщ…
КъыхуащIа дзыхьыр егъэпэжыр -
ДзыгъуэтхьэкIумэр щIым къыхоплъ.
Губгъуэшхуэм уэгъум ар щебэну
Гугъуехьу мащIи имыгъэв,
Аращ къикъутэу духэм щIилъыр,
Бжьыхьэр къихьамэ, гъавэ бэв.
Ет жылэм гъащIэр сэлэт хахуэу.
Ар фIыщIэ жыги зэи хуэмей.
ЗыхегъэкIуадэ щIым, и лъахэр
НасыпкIэ хъуным папщIэ бей.
Гъубжокъуэ Лиуан