Адэм и къуэр ирегъажьэ зауэм,
Шагъдий IумпIэр ищIауэ Iэдэж,
ЩIалэр еущий зыхуигъэзауэ:
- Уи лъэпкъ напэр лIы хуэдэу хъумэж!..
Бгырыс щIыхьыр тыншкъым пхъумэжыныр,
Хьэрун ещхьу къэкIуэсэжмэ ар,
Хьэзырщ анэм жэуапу итынур:
- Пхухъу хьэрэм быдзышэу сщIэпфыкIар!..
Сэри утезгъэуващ гъуэгуанэ,
Уэ, си усэ, ар мыгъуэгу зэтес,
ЦIыхухэм я гум гуапэу унэсыну
Сыпщыгугъыу си дзыхь узогъэз.
Ауэ сэ уэ пIэщIэслъхьар мыIэщэ -
Сигу хуабагъыр тыгъэу узогъэхь,
ПщыстIэгъащи сэ рифмиплIыр фащэу,
ЛIыкIуэ узыхуэсщIхэм хуэхъу гурыхь.
Сэ Iуэхутхьэбзэу уэзгъащIэр нэхъапэщ,
МызэщIауэ къыумыгъазэ ар…
Ягу зэбгъабгъэу тепхмэ си напэр,
Пхухъу хьэрэм гурыщIэу уэ пхэслъхьар!
Гъубжокъуэ Лиуан