Объявления
Лучшие исполнители на CD
Image
Портал "Circassia.Ru & Adigam.com" предостовляет Вам возможность приобрести на нашем сайте номера журнала "ПСЫНЭ" и лучшие альбомы адыгских исполнителей.

Сделать заказ
 
21 мая 1864
Отрывки из книги "Уэрэ сэрэ" Версия для печати Отправить на E-mail
Гупсысэ IэфIхэмкIэ гъэнщIа усэхэр
(Къаныкъуэ Заринэ и тхылъыщIэ «Уэрэ сэрэ» жыхуиIэм и пэублэ псалъэ)

Тхьэм ирещIи, Поэзием и нэхъыбапIэри и нэхъыфIыпIэри зытеухуар нэ зэхуизыща цIыхухъумрэ цIыхубзымрэ я псэхэм къыщыунэху гурыщIэхэрщ. КъыщызэщIэтаджэ гуапагъэ зызэхуэзышийхэрщ. Зи зэхуэзэр мащIэу а зи мащIэр маехэм я гукъэкIыж телъыджэхэрщ…

«Си гукъэкIыж… Псом нэхърэ нэхъ шынагъуэр
Уэ узыхуэдэр зэрыIуэтэгъуейрщ…
Гу лъатэ псоми уафэр зэрыгъуагъуэм.
Зэуэнур щыблэм хухэпхыныр лейщ…»

Мы дунейр къызэриухуэрэ псэхэр зыIэпешэ «лъагъуныгъэкIэ» зэджэ а гурыщIэ нэхум. А дунейр къутэжыхункIи цIыхухэм яхуэIуэтэщIынукъым абы теухуауэ къыздрахьэкI гурыгъу–гурыщIэхэр. А гурыгъу–гурыщIэхэм я щIэщыгъуагъэри нэхъ мащIэ хъунукъым, ахэр къызэрыIукI гухэм я пшынэбзэ гъунапкъэншэр гъащIэм къыдэшэрашэу щытыху…

«Си псэр псы щIагъкIэ уи деж нэсхьэсынут,
Хьэуа хуримыкъуми, укъезгъэгъуэтынут.
Си псэр хьэуам хэзутIыпщхьэм кIуэдынущ,
Уи деж нэмысыфу къарур иухынущ.
Дэнэ ущыIэми, си гум укъещIэ,
Зыныпхуишийуэрэ псэм зыныппещIэ…»

Пэжщ, цIыхум я нэхъыбэр есакъым икIи тегъэпсыхьакъым апхуэдэм: пшэм щIэбжьахъуэ гурыщIэхэмрэ а гурыщIэхэм яхуэфэщэжын псалъэхэмрэ. Темыгъэпсыхьахэу къытщохъу. Езыхэми закъыщохъуж… Ауэ дэтхэнэ цIыхупсэми гъэпщкIупауэ хэлъщ зи фэщыгъэцIэр зэи къахуэмыщIэну а гъэщIэгъуэныщэр… Къалэн гуэр иIэххэу щытмэ, Поэзием и къалэныр мырауэ къыщIэкIынущ: къыщагъэщIым щыгъуэ, апхуэдэ телъыджэ къызэрыдагъэщIамкIэ дэтхэнэ цIыхуми фIэщхъуныгъэ етыныр…

«Си псэм и налкъутхэр
Уэ пхузогъэфащэ.
Си гум жьыдэхупIэ


Къыщигъуэтыр мащIэщ.
Сщыщу сымыцIыхур
КъысщыбощI щIэщыгъуэ.
Сэ къыпхэсцIыхукIыр
ЗгъэлъэпIэныр игъуэщ...»


Усэрэ усакIуэрэ мы дунейм тетыхункIэ цIыхухэр иризэдэуэну къыщIэкIынущ мыбы: Поэзием и бзэм дежкIэ нэхъыщхьэр гурыIуэгъуафIэу щытыныра хьэмэ удэзыхьэх гъэпсыкIэ иIэныра?.. ЦIыхум я нэхъыбэм задэзыщIыну хуейр, дауи, япэм теIэбэнущ…

Сэ къызэрысщыхъумкIэ, Поэзие къызэрагъэщI бзэ гъэпсыкIэхэр ар къызыхащIыкI гурыщIэхэм ещхьыжу щытын хуейщ… УмыщIэххэу къыпщIихуа акъужь гуапэ. Зи кIапэр къыпхуэмыгъуэтыж пщIыхьэпIэ дахэ. НэкъыфIэщIу къэунэхурэ, а къызэрыунэхуам ещхьыркъэпсу, зэуэ бзэхыж тхьэIухуд гъуэбжэгъуэщ. Уи гур зыщIэхъуэпсу зэи узылъэмыIэс нэхунэ телъыджэ… Мис апхуэдэ зыгуэрхэщ Поэзием и хъуаскIэр цIыхупсэм «къыщыпIэнкIыным» щхьэусыгъуэ дахэ хуэхъур… Апхуэдэ гурыщIэр дауэ бзэм и къарукIэ къызэрыбгъэлъэгъуэнур? Алыфбейм иратхэ щапхъэхэм ещхьу, «ущызэкIэщIэплърэ» къызэрыгуэкI дыдэу мытхэ усакIуэм бзэр къыхуэмыгъэIурыщIэу, и зэфIэкIыр абы хуримыкъуу къыщытщыхъу куэдрэ къытхуохуэ дэ. ИкIи ар дыдэмкIэ зыщыдогъауэ. ЩыIэу къыщIэкIынщ, дауи, апхуэдэ гуэрхи: я усэхэм зэрыщымытыфэ къытрагъэуэн мурадкIэ, е зэрыхуэмыIэрыхуэм къыхэкIыу бзэр нэхъ зэхэтхъуауэ, зэблэшауэ къэзыгъэсэбэпхэр. АтIэми, гурыщIэм я нэхъ «зэхэIуэнтIахэр» къыщыбгъэлъэгъуэм дежи, «бзэм и лъынтхуэхэр» къэнэн хуейщ «зэпычыпIи» гупсысэр зримыкIуэфын «зэрыдзапIи» имыIэу (лингвистхэр «языковой вывихкIэ» йоджэ апхуэдэм)… Мы дызытепсэлъыхь усэхэм къыхагъуэтэну си фIэщ хъуркъым ди бзэм апхуэдэ «лей къыщытехьауэ» зы сатыри. Ахэр зытхам хъарзынэу къехъулIауэ сэ къызолъытэ и гурыщIэ, гупсысэ гъэщIэгъуэнхэм псалъэхэр IэкIуэлъакIуэу тришэныр…

«Зыгуэр жысIэну къысщогъупщэ,
Пщэдей псалъэншэм къыспекIухь.
Гухэлъ щхьэхуещэхэм я ныбжьым
Гупсысэ кIапэхэр яшыхь.
Зыгуэр аргуэру къызогъанэ,
Гурыщхъуэ лейр IэщIыб схуэмыщI.
Пщэдейм хузохьыр си «итIанэр»,
ИтIани нобэм сремыщхь…»


УсакIуэр сытым дежи зыгуэрым хуозэш. И нэджащIэм нэщхъеягъэ щIэгъэпщкIуа зэпыту мэпсэу. Насыпым и хъыринэм щисым дежи, а зэшыр къыдэщIыгъущ. ГурыфIыгъуэм я нэхъ иныр щиIэм дежи, нэщхъеягъэ псыпсым къызэпхроплъ.

ФIы ар? Хьэмэ Iей? Жэуап пыухыкIа ептыныр гугъущ абы… Сэ сщIэуэ шэч къызытезмыхьэжращи, усакIуэпсэ зритахэм Тхьэр абыкIэ къахуэупсарэ тэзыру къатрилъхьарэ зэхэгъэкIыгъуафIэкъым. Сыту жыпIэмэ а псэр ещхьщ Мэлэчыпхъу и чысэ дунеягъэкIэ зэи ямыгъэнщIыфам.
Абы игъэпIейтей зэпыту псэу цIыхум ехьэлIауэ жыпIэмэ, усакIуэпсэр нэхъ хуокIуэ тэзырым. Ауэ Поэзием дихьэххэм я дежкIэ апхуэдэпсэ зиIэр – Тхьэм цIыхухэм къахуигъэщIа тыгъэщ. Сыту жыпIэмэ абы и зэшхэр узытезашэхэм ящыщкъым. И нэщхъеягъэри узыIэпызышэ нэщхъеягъэ IэфIщ…

«Зеущэху гурыщIэм, псэм щIогъуалъхьэ зэшыр.
Нэшэкъашэу нитIым уафэ нэз хадыкI.
СкIэрымыкI гупсысэ, сыт зыщIызэхуэпшэр?
Пшэ Iэрамэм хыхьи, щхьэхуимыту спыкI...»


Мис апхуэдэ гупсысэ IэфIхэмкIэ гъэнщIа усэхэщ мы тхылъ дахэм щызэхуэхьэсахэр. Ахэр («зи IэдэкъэщIэкIыр» жытIэнкъым) зи гурыкIыр, зи псэрыкIыр ди литературэм езым и лъагъуэ наIуэ щыпхрызыша, игурэ и щхьэрэ зэтелъу а лъагъуэм ирикIуэ Къаныкъуэ Зэринэщ.

Дауи, нэгъуэщI щIыкIэуи датепсэлъыхьыфынут дэ мы усэхэм. Псалъэм папщIэ, цIыхушхуэхэм Поэзием тражыIыхьахэм къахэтха цитатэхэмрэ термин щIэгъэщхъуэжахэмкIэ гъэнщIауэ. АтIэми сэ нэхъыфIу къэслъытащ а усэхэр си гум къызэрехуэбылIам, ахэм къызата гурыщIэхэм, сызыхаша гупсысэхэм сатемыпсэлъыкIыу, къызэрысщыхъуар «гурыщIэбзэкIэ» къыжысIэмэ. КъыдэхъулIауэ Тхьэм къыщIигъэкI…

Мис мыр щIызгъужыну сыхуейт а къыжысIахэм. Куэд щIащ Къаныкъуэ Заринэ ди Поэзием хэлъхьэныгъэфIхэр хуищIын зэрыщIидзэрэ. И тхылъхи къыдэкIащ. Ди литературэм къыщыхъу–къыщыщIэхэр къызыфIэIуэху, абыхэм набдзэгубдзаплъэу кIэлъыплъ, убгъуауэ тетхыхь гуэрхэр, япэм ещхьу, щыIэжамэ, шэч хэмылъу, нэхъри наIуэ икIи IупщI хъуну къыщIэкIынт щIэщыгъуэу гупсысэ, щIэщыгъуэу тхэ, дунейпсо Поэзием куууэ хэзыщIыкI, адыгэбзэр екIуу зыгъэшэрашэ усакIуэ ди литературэм къыщIэхъуауэ зыкъом лъандэрэ зэрыхэтыр.

Аращи, дривгъэгуфIэ мыпхуэдэ тхылъ хъарзынэкIэ ди литературэм хэхъуэ зэригъуэтам икIи Къаныкъуэ Заринэ девгъэхъуэхъу апхуэдэ тхылъ куэдкIэ лъэпкъыр игъэгуфIэну. Зым и фIым уригуфIэныр узыншагъэм дежкIэ хуабжьу сэбэпу жаIэри, ди щхьэ и сэбэп зэрызетхуэр тщIэжурэ, дызэдевгъаджэ мы тхылъ дахэм.

IутIыж Борис

***

Уи зы псалъэр щIым и Iыхьэщ
КъыкIэлъыкIуэр уэгум хэтщ.
Уэ телъыджэм урилIыкIуэщ,
УкъэсщIэну сэ сыхэтщ.

УкъэсцIыхумэ сигу псэхуну?
УкъэзмыщIэмэ нэхъыфI?
Мы дунеймкIэ хэт ухъуну?
Уэ зыхэпщIэр сытым ифI?

Сэ щIэщыгъуэм срехьэжьэ,
Сэ уи нитIым сащIоплъэф.
Уэ сыноплъмэ, зызохъуэжыр.
ГъащIэр къысщохъужыр IэфI.
2002 гъ.




* * *
ЦIыхум и нэхур
Нурым хокIуадэ,
Нурым хожабзэ,
Бзийхэм щыщ мэхъу.
Къэхъумэ къэхъур
Сядэж и адэ
Игу зыхуэкъабзэу
Ихъума щэхущ…
Хущхъуэу къыхихыр
Щхъухь хуэмыхъуну
Лъэпкъыр мэгугъэ,
Лъэпкъыр мэпсэу.
Нур къыщхьэщихым
Дыгъэм хигъэщIкъым.
ГъащIэри кIэщIкъым,
Къуитми – зэщ.




* * *
Гъэпсалъэ щхьэмыжыр.
Абы къиIуэтэжым
щIодэIур тхьэрыкъуэр.
Тхьэрыкъуэм зигъафIэу
къриш и уэрэдым
йодаIуэ щиху уардэр.
Щихужьым и пщIащэм
къапсэлъ-къаIущэщым
догуфIэ акъужьыр.
Акъужь щIэфиикIым
тхьэкIумэр гъэкIауэ
щIэдэIур псэущхьэрщ.
Псэущхьэм ящыщу
зы закъуэщ а макъхэм
я щэхум пэжыжьэр.
Ар - цIыхурщ.

2004 гъ.



* * *
Сызыхуейр фIэсщынущ зыхэсщIэм.
Сызэрыхуейуэ псалъэхэр зызогъэзахуэ.
Зэм факъырэ хьэфизу сокъуз,
Зэм къызокIутри,
къуалэбзум зэщIащыпэ…
Сыту сфIэфI!
Хьэрхуэрэгъу къысхуэхъуну хуейуэ
Утыкум къиджэразэ ныбжь закъуэтIакъуэхэм
Сахуэгъэзащ!
Гу ялъыстэрэ сыригузавэу
щыщытар щыIэжкъым.
ЩыIэр сэращ.
ЗыхэсщIэмрэ къызэрысIуатэмрэ
Якум къыдэнэ жьыбгъэм
сошэсри – макIуэ-мэлъей!..
2006 гъ.





* * *
Нэхущым жыгхэм заутхыпщI,
Зэхэзещхъуэн ищIащи уэшхым.
Зыгуэрым и цIэ къыщысIуэщхъукIэ
«Хэт зейр ар?»- си гур къызоупщI.
Гухэлъыр етыр нэхущ бзум,
Хьэуа жейбащхъуэр мэкIэзызыр.
ПщIыхь кIапэлъапэу уэгум изым
Макъ зэмыфэгъухэр ягъэзу.
2003 гъ.



* * *
КхъыIэ,
Мы дунейм теухуауэ
ЖыIэ…
ЩIыIэщ,
Ауэ добауэ,
ДыщыIэщ.

Уэгум
Дихьэжыпами
ТщIэркъым.
Ауэ
Дэ дуней псор
Къыддобауэ.

КхъыIэ,
Уэ абы теухуауэ
ЖыIэ.
ГъащIэщ…
Уэ зыхэпщIыкIыр
КъэзгъащIэ,
КхъыIэ…
2002 гъ.









 
Поиск
Поиск по сайту:
Адыгэ почта

Имя пользователя:
@adigemail.com


Проблемы со входом в аккаунт
Регистрация | FAQ
Города и районы
Зольский район Кабардино-Балкарии г.п. Залукокоаже
Терский район Кабардино-Балкарии г. Терек
Новое на сайте
"Национальное достояние" / Видео
"Адыгагъэ" Бэрэгъун Марианна / Видео
Конный переход - ЗекIуэ / Фото
Али Лигидов / Видео
Кабардино-Крымская война 1707 - 1708 гг. / История
Документальный фильм "Свадьба на Тереке" / Видео
назад  наверх 

KBRLIFE.RU : события и жизнь в КБР